Мывэм нэхърэ нэхъ быдэщ

Iэбу Убайдуллахь жиIэжауэ ягъэхъыбарыж. Зыгуэрым щIибл зэпичащ, упщIибл къыуитын папщIэ, - къыжраIащ махуэ гуэрым. КъыщIыхьэну хуит ищIащ. 
- Уэ Алыхьталэм къыббгъэдилъхьа щIэныгъэм срилъыхъуакIуэу сыкъэкIуащ, - жиIащ хьэщIэм. – Уафэм и гугъу къысхуэщI. Абы нэхърэ нэхъ хьэлъэ щыIэ? ЩIылъэм нэхърэ нэхъ ин щыIэ? Мывэм нэхърэ нэхъ быдэр сыт? МафIэм нэхърэ сыт нэхъ пщтыр? Уаем нэхърэ сыт нэхъ щIыIэ? Хым нэхърэ сыт нэхъ бей? Зеиншэм нэхърэ хэт нэхъ къарууншэ? 
 ЛIы Iущым жэуап къритащ: 
- ЦIыху къабзэм пцIы теплъхьэныр уафэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ (гуэныхьу). 
- Пэжыр щIылъэм нэхърэ нэхъ инщ. 
- МащIэкIэ арэзы хъу цIыхум и гур хым нэхърэ нэхъ бейщ. 
- Нэпсеягъэр мафIэм нэхърэ нэхъ гуащIэщ. 
- ФIыуэ плъагъу цIыху гъунэгъум укъигъэщIэхъуныр уаем нэхърэ нэхъ щIыIэщ. 
- Алыхьыр зи фIэщ мыхъум и гур мывэм нэхърэ нэхъ быдэщ. 
- КъыщIагъэща бзэгузехьэр зеиншэм нэхърэ нэхъ къарууншэщ. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: