Пасэрей алыдж гъуазджэм ижь къыщIихуащ

Пасэрей адыгэхэм я тхыдэм нобэ нэхъыбэу дызэрыщыгъуазэр грек (алыдж) тхакIуэхэм, гъуэгурыкIуэхэм, къулыкъущIэхэм, сатуущIэхэм къызэранэкIа тхыгъэ кIапэлъапэхэмкIэщ; мыхьэнэшхуэ яIэщ щIы щIагъым къыщагъуэтыж хьэпшыпхэми. А псом къызэраIуэтэжымкIэ, пасэрей адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым - синдкIэ зэджэу щытам - къэралыгъуэ яухуэгъащ. Синдикэ - арат а пасэрей адыгэ къэралыгъуэм зэреджэр. Абы езым и щхьэ унафэ ищIыжу щытащ илъэс 200-м нэблагъэкIэ (ди эрэм и пэкIэ V - IV лIэщIыгъуэхэм); иужьым хуэм-хуэмурэ Боспор къэралыгъуэжьым хэшыпсыхьыжыгъащ.

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, синдхэм зыужьыныгъэшхуэ ягъуэтауэ, щэнхабзэшхуэ ябгъэдэлъу щытащ. (Грецием гъавэу къищэхум и нэхъыбэр адыгэ щIыналъэм иришырт); синд кхъухьхэр тенджыз зыбжанэм щызекIуэрт, синдхэм я къэрал лIыкIуэхэм гъуэгуанэ кIыхь зэпачыфырт, я псалъэ жыжьэ щыпхагъэкIырт…

Апхуэдэ къару зыбгъэдэлъа къэралым - Синдикэм - щэнхабзэ хьэлэмэт иIэу зэрыщытам шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ пасэрей Синдикэм и щIыналъэм къыщагъуэтыж скульптурэ сурэтхэр.

Абыхэм ящыщ зы пасэрей Фанагорием (ТэманымкIэ теса къалэжьым) и Iэшэлъашэм 1961 гъэм къыщагъуэтыгъащ. ЗанщIэу гу лъыботэ ар зыбжанэ щIауэ цIэрыIуэ боспор скульптурэхэм къазэрыщхьэщыкIым. Зи гугъу тщIыхэр къэзыгъуэта трактористым зэрыжиIэмкIэ, ар Iуащхьэ лъахъшэ гуэрым ибгъукIэ щIы щIагъым щIэлъащ. Скульптурэм удынышхуэ игъуэтат, и щхьэр пыудат (ар щхьэхуэу щылът), и плIэ лъэныкъуэр гуэхуат, и нэкIури мащIэу тетхъунщIыкIат.

Сыт хуэдиз удын игъуэтами, скульптурэм и теплъэ нэхъыщхьэр фIэкIуэдакъым, и шыфэлIыфэкIэ нэгъуэщIым хэгъуащэркъым. Сыныр, шэч хэмылъу, Iуащхьэм тетащ: къызэрахутамкIэ, ар зытета Iуащхьэм и ныбжьыр синдхэм я зэманым тохуэ.

Скульптурэм метррэ сантиметр 15-рэ и лъагагъщ, и Iувагъыр сантиметр 18-щ. Зи фэеплъыр цIыхухъущ (абы и Iэпкълъэпкъыр уолъагъу, и шхужьым нэс), къэптал Iэщхьэ кIыхь щыгъщ, и плIэм щIакIуэ идзащ, пыIэ лъагэ щхьэрыгъщ, пыIэм щхьэц лъагуэр къыщIощ, тхьэкIумэмрэ натIэмрэ щIиуфэу. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, сыныр зи фэеплъыр цIыху хэкIуэтащ: жьакIэ мащIэ тетщ, и пащIэкIитIыр жьакIэм хохьэж; нэкIу хъурейщ, и жьэпкъыр къыхощ, нэщIащэ куум нэ хъуреитIыр къоплъ; плIэ задэщ, и бгъэр къикIыркъым, пщэ кIэщIщ. И шхужь сэмэгум шабзэ тыболъагъуэ. Сыныр зыщIар нэхъ зэгугъуар нэкIурщ - нэ жанкIэ къыпIуоплъэ, къопсэлъэным хуэдэу: шэч хэмылъу, ар щхьэ закъуэ сурэтщ, цIыху цIэрыIуэ гуэрым тращIыкIауэ. Скульптурэм и теплъэ псор - и нэкIур, пыIэр, къэпталыр, шабзэр - щыхьэт тохъуэ ар зи сурэтыр зэрымыалыджым, атIэ зэрысиндым. Абы шэч  къытрахьэркъым зи гугъу тщIы сыным тетхыхьахэм, псалъэм папщIэ, Сокольский Н. И. (еплъ абы и «Синд скульптурэхэм я IуэхукIэ» тхыгъэм (зэрытыр «ЩIэныгъэ» тхылъ тедзапIэм 1966 гъэм къыщыдэкIа «Пасэрей дунейм и щэнхабзэ» сборникырщ). Дызытепсэлъыхьа сыныр здита щIыпIэм (иджырей Сенная поселкэм пэмыжыжьэу) нэхъапэхэми къыщагъуэтыгъащ сыт и лъэныкъуэкIи мобы и благъэ нэгъуэщI зы скульптури. Ари зауэлIым зэрисурэтыр бэянщ: и плIэм щIакIуэ идзащ, щIакIуэ щIагъым афэ джанэ щIэлъщ; Iэ сэмэгум шабзэшэрэ шабзалъэрэ IэщIэлъщ, ижьрабгъу шхужьым джатэ тыболъагъуэ. СынитIри зэщхьщ, зи фэеплъыр зэрыпасэрей адыгэм шэч хэлъкъым - абы и щыхьэтщ, псалъэм папщIэ, сынхэм тет Iэщэ-фащэ сурэтхэр.

1959 гъэми а щIыпIэ дыдэм (пасэрей Фанагорием и Iэшэлъашэм) къыщагъуэтыгъащ мывэ сэхум къыхэщIыкIа скульптурэ. Ари модрей тIур зи IэдакъэщIэкI лъэпкъым и Iэужьщ. Зи гугъу тщIы сынищым тетхыхьахэм шэч къытрахьэркъым, япэрауэ, ахэр зи сурэтыр зэрысиндым, етIуанэрауэ, а скульптурэхэр мывэм къыхэзыIущIыкIар ТэманымкIэ теса синд художникыу зэрыщытым.

Пасэрей адыгэ къэралым - Синдикэм - и щIыналъэм къыщагъуэта скульптурэхэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, кхъащхьэдэсэу щытащ: цIыху цIэрыIуэхэм я кхъащхьэм щызэтратхъуэ Iуащхьэхэм я щыгум тетащ; я щIыфэм къытена тхыгъэ кIапэхэми къыбжаIэ ахэр кхъащхьэдэсэ пэлъытэу зэрыщытар. Сынхэр, къанэ щымыIэу, къызыхэщIыкIар щIыпIэм къыщыщIах мывэщ.

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, апхуэдэ скульптурэхэр синдхэм япэщIыкIэ алыдж мастерхэм пщIэкIэ ирагъэщIу щытащ; иужьым езы синдхэм сурэтыщI Iэзэхэр къахэкIыу щIедзэ, хуэм-хуэмури бжьыпэр яубыд, езыхэм я лъэпкъ псэукIэмрэ гупсысэкIэмрэ зи лъабжьэ гъуазджэ къызэрагъэпэщ. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ а гъуазджэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ зэрыщытам. Шэч хэлъкъым абы пасэрей алыдж гъуазджэм ижь къызэрыщIихуам; апхуэдабзэу, шэчыншэщ я пщIэр лъагэ зэрыхъуа лъэпкъ гъуазджэ езы синдхэм я акъылым къызэрилэжьыфари. Абы и щыхьэт наIуэщ зи гугъу тщIа пасэрей адыгэ скульптурэхэр.

Къартул Хьисэ.
Поделиться:

Читать также: