Фэеплъ щхъуантIэхэр

Тэрч къалэм дэт, кадетхэр щрагъаджэ интернат №3-м иджыблагъэ Iуэху гуапэ щекIуэкIащ – абы жыгхэр щыхасащ, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я фэеплъу. 

ЕджапIэм и унафэщI Багъэтыр Эдуард къыхилъхьа жэрдэмыр гуапэу даIыгъащ къыдэлажьэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ икIи школ пщIантIэм щыхасащ пхъэхуей жыг 45-рэ.
«ЖыгыщIэ цIыкIухэм гъащIэщIэ щагъуэтащ кадетхэм я еджапIэм и пщIантIэм. Нобэрей «Фэеплъ щхъуантIэхэм» тщагъэгъупщэнкъым я псэр Хэкум, пэжыгъэм щIэзытахэр, фашизмэм пэщIэтахэр», - жаIащ жыг хадэ цIыкIур хэзысахэм. 
 

 

БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: