ГушыIэр зи щIасэхэр

         КъБР-м и Музыкэ театрым тхьэмахуэ кIуам щекIуэкIащ «Лига КВН КБР» фестивалыр. Ар теухуауэ щытащ Студентхэм я дунейпсо махуэм. ГушыIэ пшыхьыр къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм, «Развитие системы поддержки молодежи «Молодежь России» къэрал программэм хыхьэу.

         Ар республикэм и курыт, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм я зэхыхьэт. Абы хэтащ Ставропольемрэ Владикавказрэ къикIа гупхэри. Фестивалым щытекIуащ Владикавказ и «Высокие ожидания», Налшык и «Стюардесса по имени Жанна»  гупитIыр.

         Проектхэр гъэзэщIэнымрэ егъэджэныгъэ, щIалэгъуалэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI МафIэдз Линэ зэрыжиIэмкIэ, КВН-м щIалэгъуалэр драгъэхьэхын, щIалэгъуалэ гупхэм  хэтхэм зрагъэужьын папщIэ, КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я гъусэу Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм жэпуэгъуэм и кIэхэм адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэкIэ КВН щрагъэкIуэкIащ. ЗэфIэкIымрэ гушыIэмрэ я фестивалым хэтащ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыщ гупхэр. АдыгэбзэмкIэ зэпеуэр ирагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ зэгухьэныгъэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэм я нэIэм щIэту. БалъкъэрыбзэкIэ ар къызэрагъэпэщащ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондыр я дэIэпыкъуэгъуу. КъызэгъэпэщакIуэхэм сертификатхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ фестивалым хэта псоми.

         - Пэжыр жысIэнщи, Iуэхур лъэпкъыбзэхэмкIэ къыщыхэтлъхьэм апхуэдэ щIэупщIэ иIэну дигу къэкIыртэкъым. Тхылъхэр къагъэхь хъуну хъыбар едгъэщIа нэужь, зэпымыууэ щIалэгъуалэр къэпсалъэрт, къатхэрт. Гупхэр езыр-езыру къызэрагъэпэщыжурэ гушыIэхэр ягъэхьэзыращ. Языныкъуэхэр япэу утыку ихьауэ арат, - жеIэ МафIэдзым. - Зэрызагъэхьэзырым дыкIэлъыплъащ, дадэIэпыкъуащ. ГурыIуэгъуэ хъуащ лъэпкъыбзэхэмкIэ КВН-м зегъэужьын зэрыхуейр. А Iуэхум етIанэгъи пытщэу зедгъэубгъуну ди мурадщ. Ди щIалэгъуалэм заужьынымкIэ Iэмал куэд яIэщ КъБР-м и Правительствэмрэ республикэм ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ, «Развитие системы поддержки молодежи «Молодежь России» къэрал Iуэхум и фIыгъэкIэ.

         Гупыж зыщIа псоми Iэмал яIащ фестивалым еплъыну. НэхъапэIуэкIэ КВН школыр къызэрагъэпэщат, утыку зэрихьэнум, гушыIэ зэрагъэхьэзырынум теухуахэм щыхагъэгъуазэу. Апхуэдэу щIалэгъуалэм я  упщIэхэм жэуап еттащ. Фестивалым щыщ Iыхьэу а школыр зэпымыууэ къызэрагъэпэщыну яубзыхуащ.

         - Мы гъэм накъыгъэм къызэдгъэпэщат гъунэгъу щIыналъэхэмрэ къалэхэмрэ – Ставрополь крайм, Ингуш Республикэм, Владикавказ, Пятигорск къалэхэм - я гупхэр зыхэта КВН, - жеIэ «Лига КВН КБР» IуэхущIапIэм и унафэщI икIи и редактор Джантудуев Рустам. – Иджырейр Студентхэм я дунейпсо махуэм тедухуащ. Гъунэгъу республикэхэм я гупхэри къедгъэблэгъащ. Гупий джэгуащ: плIыр ди щIыналъэм щыщщ. Адрейхэр Ставрополрэ Владикавказрэ къикIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэр гупхэм дадоIэпыкъу, дахуозэ, гушыIэ тхыгъэхэр догъэхьэзыр. Ди щIалэгъуалэм гушыIэ дахэ яхэлъщ. Псом хуэмыдэу уасэншэщ ди нобэм пэджэж гушыIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, иджыблагъэ Налшык зыкъыщызыгъэлъэгъуа урыс артистхэм ятеухуа гушыIэхэр гъунэжт, ди гъуэгухэм я Iуэху зэIумыбзхэри къызэщIиубыдэу. УнэтIыныгъэ щхьэхуэхэм къыхэжаныкIахэр дгъэлъэпIащ. Апхуэдэщ «актёр нэхъыфI», «актрисэ нэхъыфI» зыфIащахэр. Дэтхэнэри саугъэтхэмкIэ дгъэпажащ.

         ИлъэситI и пэкIэ къызэрагъэпэща «Стюардесса по имени Жанна» гупым и унафэщI Шыдджын Имран дыщигъэгъуэзащ я гупым. Ахэр КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетым щеджэ Гуэныбэ Инал, Бэрэгъун Анзор, Куэт Аслъэн, Шыбзыхъуэ Руслан сымэщ.

         - УатекIуэну мытыншми, зэдгъэхъулIащ. Гувауэ фестивалым зыхуэдгъэхьэзырын щIэддзат. ЯпэщIыкIэ гупыр тхузэмыгъэуIуурэ гугъу дехьами, иужьым псори зэтедублэжащ. Япэ увыпIэр зэрызыIэрыдгъэхьэфар ехъулIэныгъэшхуэщ ди дежкIэ, - жеIэ Имран. – Ди унафэщI Джантудуев Рустам фIыщIэ худощI. Ди гупым къыхэдгъахъуэу утыкушхуэхэм дихьэну дыщIохъуэпс.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: