НОБЭЩэкIуэгъуэм и 28, гъубж ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ 1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ. 1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ. 1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ. 1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, «Къэббалъкъремстрой» ОАО-м и унафэщI ГъуэплъащIэ Алексей. 1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, къэфакIуэ Iэзэ Шортэн Аллэ. 1963 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Налшык» газетым и редактор нэхъыщхьэ Болэт Арсен. 1964 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист ДыщэкI Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 6, жэщым 1 градус щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Делэр псоми я Iыхьэгъущ. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|