ДызрихьэлIахэр хамэ уафэщI къикIат

   ЩIы Хъурейм телъэтыкIыу ПланетэщIэм хуаутIыпща етIуанэ экспедицэм сыхагъэхьат. Ар сэркIэ, дауи, насыпышхуэт. ФIыуэ слъагъуу щыта си адэм и кхъащхьэм Iэ зэрыдэслъэфынум и мызакъуэу, дунейм цIыхуу тетым я нэ къызыхуикI уафэщI телъыджэм и щIыгу техьахэми сыщрагъусэкIэ.   

Гупым хэтхэм тIурытI-щырыщ зитщIыкIырти, Iэгъуэблагъэр щIэтпщытыкIырт. ПланетэщIэр ди ЩIым ещхьщ. Ауэ цIыхуу щыпсэур мащIэ дыдэщ. ЛъапцIэхэщ, пцIанэхэщ. Зэ плъэгъуахэм етIуанэу уарихьэлIэжыркъым.

… Нэпкъым дыщIэтурэ чыцэм дыхохьэ. Лъэбакъуищэ зыбжанэ нэхъ дымыкIуу дыкъэувыIащ. Ди нэкIэ тлъагъур ди фIэщ тхуэмыщIу дызэплъыжащ. Тафэ дызыхуэкIуэм тетщ хьэршырыкIуэ кхъухь. Чэтэн хужькIэ щIэуфащи, и дамыгъэр къытхуэлъагъуркъым. УвыIэгъуэ имыIэу ашык гуэрхэр кхъухьым иралъхьэ. ГъущI кIапсэ хъурейкIэ къэухъуреихьащи, щыгъыныджэ хьэдэу кIэрылъыр пхуэбжынкъым.  

 - Хэт хъуну? Дэни къиукI мы лIыукI гупыр?! – тепыIэркъым Мартин.

Мичивиснаускас ищIа кIэщIэпщыпIэм и фIыгъэкIэ станц пщIантIэм дыдыхьащ. Iэмэпсымэ икIи Iэщэ гъуэзэджэу тIыгъхэмкIэ псори дгъэжеящ. Iэпхлъэпх тщIа нэужьщ а гупым зыкъыщедгъэщIэжар!

Зи гур иджыри къимыхьэжа пашэм къэхъуар къыхуэмыщIэу дызэпеплъыхь.

- Сыт хуэдэ уафэщI фыкъыздикIар?

- Уратаным.

- Мы вагъуэ картэмкIэ дыгъэлъагъут Уратаныр здэщыIэр, - пашэм и пащхьэм ирихьащ картэр.

 - Ди планетэри? – нэрылъагъуу къэскIащ ар. - ФэзгъэлъагъункIэ Iэмал зимыIэщ. Мыбы нэс сыкъэлъэтауэ ди цIыхухэм сыкъащIэмэ, игъащIэм щэхуу зесхьари мураду сиIари зэтещэхэжащ! Уратаным фыпысщIэнукъым! – гъыну зыкъызэщIэзыщIа сабийщ жыпIэнт нэпсеягъэм итхьэлэ пашэр.

- Ущымыуэ, капитан! – нэхъ щабэ зыхуищIащ Мартин пашэм. – ИгъащIэ лъандэрэ ЩIым щыпсэу цIыхухэм я нэр къызыхуикIщ нэгъуэщI планетэхэм пыщIэныгъэ хуаIэныр! Сэ жысIэнкъым фи цIыхухэри абы щIэмыхъуэпсауэ! Нэпсеягъэм зыдебгъэхьэхыу, планетищым я насып къэкIуэнум уемылъэпауэ, капитан! КъинэмыщIар арауэ, фэ фыгъэрщ! ПланетэщIэм щыпсэуа цIыхухэм ящыщу фIэщIэкIуэдар мащIэ! Дунейри къызэIыхьэныфэщ! ЕпIэщIэкIи дызэгурыгъаIуэ!

 - Си цIыхухэм я закъуэу пIэрэ-тIэ гъэрыр?! – къытхэплъащ пашэр.

- КъызгурыIуакъым? – жиIащ Мартин. Псори дызэплъыжащ.

- Пэжщ, пэж! А жыпIам утемыкIынумэ, ЩIым хувиIа пыщIэныгъэм фызэрыпыкIар зэгъащIэ! – зэтелъщ игурэ и щхьэрэ пашэм. – «Хьэмбылуужьхэм» щыщ тIощIырыпщI хэкIуэдащ, жыпIэу, уи цIыхуми сысейми лей ядомыгъэхыу дызэгурыгъаIуэ!

- ЗэрыжыпIэмкIэ, ЩIым худиIа пыщIэныгъэр зэпызыудар фэращ, - жиIащ Мартин. – Ауэ абы къикIыркъым дэ дыгъэру. Дэ ЩIым дыкъригъэжьащи, ЩIым дыкъилъыхъуэжынущ. Фэ хэт фыкъэзылъыхъуэжынур?

А дакъикъэм си пащхьэ дыдэм зы хъуаскIэ нэху гуэрхэр къыщыпщIыпщIащ. Къэслъэгъуар зыхуэзгъэщIэгъуэну зи ужь сит си гъусэхэми ар дыдэр ялъагъурт. Псори щэхубзэ дыхъуат. ГъэщIэгъуэнрати, зытепщIыпщIэр ди Iэпщэм илъ электроннэ сыхьэтхэрт. Сеплъурэ цIуугъэнэхэр зэкIэсри, хьэрф щыгъэу зэпыуващ. «ПыщIэныгъэщIэщ!» - сегупсысащ сэ.

«Союз-2! Союз-2! Сэ сы-Мазэщ! Сэ сы-Мазэщ! – КъэсщIатэкъэ! - къогуфIыкI си гур. – НэгъуэщI планетэхэм якIэлъыплъу Мазэм щыIэ «Центрым» хъыбар фегъащIэ ПланетэщIэм и озоныр зэрыкIуэщIымкIэ! ИкIэщIыпIэкIэ ПланетэщIэр фыбгыни, ЩIым къэвгъэзэж!»   

ПыщIэныгъэхэмкIэ къытIэрыхьар икъусыкъужкIэ хъыбар гущIыхьэт. ЩIэщхъу бзаджэу къэхъунум щымыгъуазэу къысщыхъур экспедицэ щэхум я закъуэт. Дгъэжеяхэр, зэрызэбгрыукIуриикIауэ, щылъти, дыгъэпсым зрагъэу фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Щыгъыныджэхэрэ пэт къэхъунур псэкIэ зэрызыхащIэр къапщIэу загъэбзэхыжырт. ХьэкIэкхъуэкIэхэри зэхэзехуэнти, щхьэж и макъ къызэрихькIэ щыкIий-щыгъуахъуэкIэ, загъеижу къытфIэщIырт. Псэ зыIут псори щхьэлажьэ хъуати, я нэхэр здэплъэмкIэ, зым иужь адрейр иту, я лъэр зэдахьырт.

- Центрым и унафэр унафэщ, ныбжьэгъухэ! – жиIащ Мартин, зи псэр щыхэкIым къеджэрэзэха мэз джэдыр къиIэтри.

- Мартин! – а дакъикъэм си гум къэкIар къызэрыщыхъунум сыхуэпIащIэу, гъунэгъу зыхуэсщIащ.

- Сыт, Вагъуэбж? – жиIащ абы, мэз джэдыр зригъэтIылъэкIри. 

- ДыутIыпщыж хъуну къызолъытэ экспедицэ щэхур.

- Сыт жыпIэр?! – губжьауэ къысхуеплъэкIащ Мичивиснаускас.

- ЖысIэнум сынэвгъэс! – сылъаIуэрт сэ.

- ДевгъэдаIуэ нэхъыщIэ цIыкIум, ныбжьэгъухэ! – Мартин и Iэр къиIэтри, си гъусэ зэрыгъэплъахэр зэтесабыращ.

- Мыбыхэм дэ псалъэ къазэрыпыдмыхынур нэрылъагъущ! – жысIащ сэ. – Си гугъэмкIэ, иджыпсту фи нэкIэ флъэгъуа пыщIэныгъэщIэмкIэ Уратаным щыпсэухэм запытщIэфынущ.

- Зы электроннэ сыхьэт экспедицэ щэхум я кхъухьым!..

- Ардыдэщ, Мартин, ардыдэ!

- Нэгъэсауэ гупсысэ тэмэмщ, ныбжьэгъухэ! – къигуфIыкIащ и нэхэр Аль-Хафез.

Си электроннэ сыхьэтым гъэпщкIупIэ къыхуэтлъыхъуэху, ди япэрей пыщIэныгъэр зэрагъэкIуэда Iэмэпсымэхэми дарихьэлIэнтэкъэ?

Iуэхур зыIут псори сэтей къыщыхъум, Мартин хамэхэм я пашэм бзаджагъэ хуекIуащ - ди пыщIэныгъэр хуит къытхуащIыж закъуэмэ, ЩIы Хъурейм «щынэхъ лъапIэ дыдэ электроннэ сыхьэтыр» иритыну къигъэгугъащ. ПланетэщIэм зыкъызэрытетIэтыкIыу арыншами ди пыщIэныгъэр зэпэщыжынут. Абы дызэрыщыгъуазэм пашэм сыт хищIыкIрэт. Арати, Мартин и сыхьэтри пашэм и Iэпщэм къихутащ!..

ПIащIэгъуэкIэ зыдгъэхьэзырыжри зытIэтыжат. Дыкъыздэлъэтэжым, экспедицэ щэхум зызэрагъэхьэзырыжым телеэкранхэмкIэ дакIэлъыплъырт. Сигури си псэри къыщызнэрт си адэм и кхъащхьэр здэщыIэ ПланетэщIэм. Нэпс къысфIекIуахэр IэпэлъэщI цIыкIумкIэ щIэслъэщIыкIыурэ, къызэднэкI ПланетэщIэм сэлам есхыжырт. Сэ хьэкъыу си фIэщ хъурт Мазэм и махуэр къызыхуэкIуэнкIэ гузэвэгъуэр къызыкIэщIэзэрыхьа уафэщIыр ЩIым къызэрыхуегъэлынур. Си фIэщ хъурт ЩIым Уратан планетэми зыпищIэнымкIэ щыIэ хъуа Iэмалхэри зэрыхэкIыпIэр.

- «ЩIы Хъурейм и лIыхъужь» цIэ лъапIэр къызэрыпфIащамкIэ дынохъуэхъу, Вагъуэбж! – къызбгъэдыхьащ Мартин, Мазэм къратыкI хъыбархэм зэредаIуэ тхьэкIумэIулъхьэр зыIурихри...

  ПЩЫХЬЭЩIЭ Сэлам.             

Поделиться: