ЩIылъэм дыхуэмысакъмэ…

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Каспий хы Iуфэм хыкхъуэхэр (тюлень) бжыгъэшхуэкIэ зэрыIулIыхьыр щIыуэпсым и щытыкIэм кърикIуа бэлыхьщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар къызыхэкIыр хы лъабжьэм гъуэз къызэрымыкIуэ гуэрхэр къызэрыхихырщ. 

 Бдзэжьей хозяйствэмрэ хыхэр джынымкIэ урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIым и къуэдзэ Бизиков Вячеслав зэрыжиIэмкIэ, хы псэущхьэхэм Iуфэм къепщылIэн я хьэлщ щIыхъейхэм я къэхъеигъуэм, щIылъэм и кIуэцIым щызекIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр псы лъабжьэм нэхъ пасэу зэрынэсым къыхэкIыу. 2022 гъэм Каспий хы Iуфэм хыкхъуэу мини 10-м нэс IулIыхьауэ щытащ. А бжыгъэр зэрыкуэдым къыхэкIыу, дагъыстэн хы Iуфэм и километр 340-м къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, псэущхьэхэм тхьэмахуитI-щы ипэкIэ лажьэ яIакъым. ИужькIэ зэуэ бжыгъэшхуэкIэ Iуфэм лIауэ щызэтрихьащ. Къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуар утыку къыщрахьащ щIыдагъэ къыщIэхыпIэхэр здэщыIэ Каспий хым хэс псэущхьэр къегъэлыным хуэгъэпса IX щIэныгъэ конференцым. 
 Дагъыстэным щыпсэу хыкхъуэхэм я псэукIэм 2020 гъэ лъандэрэ кIэлъоплъ щIэныгъэлIхэр. Каспийм хэсхэм я бжыгъэр 2020 - 2022 гъэхэм мин 280-м икIри, мин 311-м щыхуэкIуауэ щытащ. Къэзахъстаным хиубыдэ хы Iуфэми апхуэдэ дыдэ къэхутэныгъэ щрагъэкIуэкIат 2023 гъэми, псори зэхэту хыкхъуэхэр 259852-рэ хъууэ къыщIэкIат. Илъэс блэкIам елъытауэ иджы а бжыгъэр мин 51-кIэ нэхъ мащIэщ. Хуэзыгъэфащэ щыIэщ хыкхъуэхэм, цIыхухэм ещхьу, я зыхъумэжыкIэ къарур яфIэкIуэдауэ.  
Мы псэущхьэхэр щытыкIэ гугъу гуэрым зэритыр куэд щIауэ цIыхухэм я нэгум щIокI, ауэ хуащIэфынур къагурымыIуэу, 2017 гъэ лъандэрэ апхуэдэ защIэу йокIуэкI. Турист нэхъыбэ республикэм езышэлIэну хуей Дагъыстэным дежкIэ хы псэущхьэхэм далъагъу гузэвэгъуэр упщIэ защIэкIэ зэкIэ зэриухыр. Зэи щымыуэжыр цIыхубэращи, псыр зэрауфIейр дэнэ пхьыжын? Абы щхьэкIэ къэхутэныгъи ухуейкъым. ЩIыпIэм щыпсэу цIыхухэми туристхэми я нэгум щIэкIыр интернетым къралъхьэж. 
Махуэ гуэрым, Сулак щегъэжьауэ Избербаш нэс ирикIуэурэ, Никомагомедов Зиявдин хыкхъуэ 17 лIауэ къилъэгъуащ. Хъыбарыр хэIущIыIу хъуа нэужь, Бдзэжьей хозяйствэм и лэжьакIуэхэм заплъыхьри, Iуфэм IулIыхьа псэущхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэжу къыщIэкIащ. Уз зэрыцIалэ гуэр къахыхьагъэнщ жаIэри, псалъэмакъыр пIалъэкIэ ягъэувыIащ. 
АрщхьэкIэ Дагъыстэн къэрал университетым щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм Iуэхур и пIэм ирахуауэ жыпIэ хъунущ. Абы щIэт лабораторэхэм наIуэ къыщыхъуащ зи псэ хэкIа хыкхъуэхэм я лъатэм гъущIхэкI пкъахуэхэр зэрынэсар. Къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIар нэмыцэ, голланд щIэныгъэлIхэрт. Ахэр абдежми къыщыувыIакъым. Хыкхъуэ псэухэр псы зэрыт кIадэ зырызым ирагъэтIысхьащ. Зым исыр бдзэжьей къабзэкIэ ягъэшхащ, адрейхэр - гурымыхь куэд зыкIэрыпщIа бдзэжьей «фIейкIэ». ТIэкIу дэкIри, кIэрыхубжьэрыхухэр зыкIэрыпщIа бдзэжьейхэр зышхахэр сымаджэрилэ хъуауэ къыщIэкIащ. Арати, IэщIагъэлIхэм къагурыIуащ псым мыкIуапхъэ гуэр зэрыкIуар, хыкхъуэхэри абы зэрилIыкIар. 
КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэр ичащ ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ каспий центрым. Хым тхьэщIэпс хэзыутIыпщхьэ IуэхущIапIэхэр къыхатхыкIри, дэтхэнэ зыри къызэрыщ картэ зэхагъэувэжащ. Гурыщхъуэ зыхуащI псори хы Iуфэм Iутщи, щыхьэт наIуэхэр къазэрыIэрыхьэу, хабзэхъумэхэм зыхуагъэзэнурэ хыкхъуэхэр къызэрырагъэлын Iэмалыр зэгъусэу къагъуэтынущ. А псом щыгъуазэ дещI «Это Кавказ» интернет хэщIапIэм. 
Тюленхэм адыгэбзэм «хыкхъуэ» цIэ щагъуэта щхьэкIэ, ахэр зи лыр хьэрэму къалъытэ псэущхьэхэм яхэгъэзэрыхьын хуейкъым. Хыкхъуэхэм я лым сэбэпынагъышхуэ хэлъщ. Абы и дагъэр медицинэм къыщагъэщхьэпэ. И цым пыIэ къыхащIыкI. 1990 гъэхэм хыкхъуэхэм я бжыгъэр мелуаным нэсу щытащ. Ахэр апхуэдизкIэ къаугъэншэти, цIыхухэр гъунэгъуу ябгъэдыхьэрт. ИджыпстукIэ Каспийм хэс хыкхъуэхэм я бжыгъэр мин 70 - 100 хъужми аращ. 
Мыр щекIуэкIыр ди щIыпIэракъым жыпIэ хъунущ, хъыбарым укъыщеджэкIэ. Ауэ ущыпсэу щIыналъэм и къабзагъыр зыхуей хуэмызэху, узэфэ псыми, узыхэпсэукI гъащIэми зыгуэр хуэчэму мэхъу. КъыпщыщIыр къыбгурызыгъаIуэ акъылыр зыгъэлажьэри узыншагъэрщ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: