Нэхъ лъапIэ дыдэу ящэжа тхылъитху
ХХ лIэщIыгъуэм ятха тхылъ нэхъ лъапIэ дыдэхэр XXI лIэщIыгъуэм аукционкIэ ящащ. Джойс Джеймс и «Улисс» романыр иту япэу къыдэкIа тхылъыр тхакIуэм и Iэр щIэлъыжу, ящащ доллар 460 500-кIэ. «И восходит солнце» романыр 1926 гъэм къыщыдигъэкIам Хемингуэй Эрнест тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэт. Абы къыхэкIыу тхылъым и бжыгъэр мащIэ дыдэт. 2004 гъэм тхылъхэм ящыщ зы доллар 366 400-кIэ щащащ аукционым. Керуак Джек и «В дороге» тхылъыр доллар 185 500-кIэ ящэщ. Абы итт романыр зытхам и ныбжьэгъу Джонс Джойс зэрызыхуигъэза тхыгъэ. Фитцджеральд Фрэнсис Скотт и «Великий Гэтсби» тхылъым и щыпэ къыдэкIыгъуэхэр псынщIэ дыдэу ящэхуауэ щытащ. Ар XX лIэщIыгъуэм америкэ литературэм и роман нэхъыфI дыдэу къалъытахэм ящыщщ. Япэу къыдэкIа тхылъхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Ахэм яз ящащ доллар 167 487-кIэ. Нобель ЛитературэмкIэ и саугъэтым и лауреат Фолкнер Уильям тхэн къызэрыщIидзар усыгъэщ. Япэ дыдэу езым и мылъкукIэ, и бжыгъэр 500 хъууэ, къыдигъэкIауэ щытащ «Мраморный фавн» тхылъыр. ТхакIуэр цIэрыIуэ хъуа нэужьщ япэ тхылъым мыхьэнэ щратар. 2002 гъэм, и адэ-анэм тыгъэ хуищIа, абыхэм зэразыхуигъазэ псалъэхэр зытритха тхылъыр къагъуэтыжри, ар аукционым доллар 95 600-кIэ щащащ. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
|