Зэрызэдэлэжьэнум топсэлъыхь

«Урысей» лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Беларусь Республикэм ИнформацэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ. 
ЗэIущIэм хыхьэу лъэныкъуэхэр зэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Беларусь республикэхэр информацэ технологиехэм ехьэлIауэ зэрызэдэлэжьэнум. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2021 гъэм жэпуэгъуэм Iэ щIадзауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Беларусь республикэхэр сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ-щэнхабзэ унэтIыныгъэхэмкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр сату-экономикэ унэтIыныгъэмкIэ нэхъ зыдэлажьэхэм ящыщщ Беларусыр. Ноби а Iуэхум пащэ, зрагъэубгъу. 
Ди щIыналъэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм Беларусым ирагъашэ нартыху жылэхэр, IэфIыкIэхэр, псыIэфIхэр, крахмалыр. Апхуэдэу Беларусым къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэ гъавэ зэрыIуахыж комбайнхэмрэ лифтхэмрэ.  Промышленнэ продукцэхэм ящыщу Беларусым яшэ  Тэрчналкъутналмэс, Бахъсэн-Автозапчасть, Вольт лъагэ аппаратурэхэмкIэ Налшык заводым къыщIагъэкIхэм ящыщхэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: