Лъэпкъ къафэхэм я хъумакIуэ

КъБР-мрэ УФ-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъытэ «Нал цIыкIу» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 35-рэ ирикъуащ. Абы ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ гупым и художественнэ унафэщI Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Куэшей Алик. 
- Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэхэм фIыуэ фыщыгъуазэщ. Нэхъ фызыхуэIэзэм я гугъу къытхуэщIыт, Алик.

- Лъэпкъ къафэхэм ящыщу нэхъыфI дыдэу дызыхуэIэзэр, дауи, ди адыгэ къафэ лIэужьыгъуэхэрщ. Лъапэрисэ, лъапэрышэ, ислъэмей, удж пыху, удж хэш жыпIэми, ахэращ псом нэхъ дызыхуэIэзэр. Дагъыстэным, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, нэгъуэщI куэдым я къафэхэми гулъытэ щыхуэтщIынущ ди пшыхьым. 
Къафэ лIэужьыгъуэ щыжыпIэкIэ дэтхэнэми тхыдэ щхьэхуэ къыдокIуэкI. Абыхэми ди гъэсэнхэр хыдогъэгъуазэ, къафэм и гъэзэщIэм къыгуэхыпIэ хуаIэкъыми. Африкэм къикIа хьэщIэхэр щыщIэупщIэ щыIэщ ди ныбжьыщIэхэр къыщыфэкIэ щIыдэлъейм. Абы къыхэкIыу къафэм и тхыдэми нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр хагъэгъуэзэн хуей мэхъу, щакIуэ зэрыкIуэм, шабзэ зэрыуэм зэрыпыщIар къаIуатэрт ди сабийхэм. Щхьэж и къафэм и хабзэ иIэжщ. 
- Къафэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ къыгуэхыпIэ зимыIэ адыгэ хабзэм, зыIыгъыкIэм, утыку итыкIэм сабийхэр зэрыхэвгъэгъуазэм шэч къытрахьэжу къыщIэкIынукъым сценэм хуэIэзэ фи ныбжьыщIэхэм яхэлъ Iэдэбагъэр зылъагъухэм. 
- Iэмал имыIэу адыгэ хабзэм щыдогъэгъуазэ. НыбжьыщIэхэм баштекъузэкIэ хабзэр едгъащIэркъым икIи тхуегъэщIэнукъым, атIэ дащыдэлажьэкIэ псынщIагъэ гуэр ядэтлъагъум, хуэм-хуэмурэ ягурыдгъаIуэ мыхъумэ. Дахагъэрэ уардагъэрэ зыдэплъагъухэм, дауи, хабзэми хащIыкIыпхъэщ. 
Нэхъапэм гъунэгъу республикэхэм щыщ ди ныбжьэгъу къэфакIуэ гупхэр къедгъэблагъэурэ Шэджэм псыкъелъэхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэм, Гуэл щхъуантIэхэм я нэгу зыщедгъэужьу щытащ. УнагъуэкIэрэ тедгуашэрэ тхьэмахуэкIэ дгъэхьэщIэу, ди лъэпкъ хабзэми хэдгъэгъуазэу. Ди сабийхэми абыхэм я деж зыщрагъэплъыхьырт. Абхъазым зауэ щыщыIам я сабийхэр къэтшащ, мылъкукIэ дадэIэпыкъуащ. Аращи, иджы щыIэ «Зэныбжьэгъугъэ» Iуэхур ди гупым 1989 гъэм къыхилъхьауэ, иджыри ар дгъэужьыхыркъым. Гъэ къэс сабийхэр къыдогъэблагъэ дэри езыхэм драгъэблагъэ. Иужь дыдэу Къалмыкъым дыщыIащ, тхьэ лъэIупIэм, шахмат Олимп пщIантIэм зыщыдагъэплъыхьащ, я тхыдэм дыщагъэгъуэзащ. Ди ныбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ куэд ялъэгъуащ. 
- Къызэрыхэбгъэщащи, фи гупыр хамэ къэрал куэдым щыIащ. Ди адыгэ хабзэр, Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр утыку щывогъэлъагъуэ, нэгъуэщIхэм ейм зыщывогъэгъуазэ. Хамэ къэралхэм фызэрыщыхьэщIам утезгъэпсэлъыхьынут.
- 2011 гъэм и гъэмахуэм зэ ежьэгъуэм къриубыдэу Израилымрэ Иорданиемрэ дызэрыщыIар гукъинэж тщыхъуащ. Ар зи фIыгъэр псори къытхузэзыгъэпэщыжа ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ. Япэ щIыкIэ Израилым дыкIуащ, абы дикIри Иорданием, аргуэру Израилым дгъэзэжащ. Иорданием щылажьэ Адыгэ Хасэм абы щыгъуэм и тхьэмадэу щыта Къардэн Самир гуапэу дригъэблэгъащ икIи абы зы концертышхуэ щыттащ, Хасэр зэхуашэсри. Къыхэгъэщыпхъэщ Иорданием цIыхубз, цIыхухъу хасэхэр щхьэхуэу зэрыщыIэр. А псори зэхуашэсри къытIущIащ. Дэри дахутепсэлъыхьащ Хэкум исхэм фи хабзэ, щэнхабзэ зэрахъумэм, я Хасэр дагъэцIыхуащ, дагъэлъэгъуащ. Израилым дэт адыгэ къуажитIым - Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ - дыщыIащ, фестивалым драгъэблагъэри. ЖылитIми концертхэр щыттащ, пщIэшхуэ диIэу. Адыгэ унагъуэхэм дытрагуашэри дагъэхьэщIащ, ди сабийхэр бысымхэм ейхэм ядэджэгуу. ГъэщIэгъуэн куэд щытлъэгъуащ, я зэхэтыкIэр, псэукIэр дэркIэ щIэщыгъуэт. А къуажитIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэрыпсэуакIуэм гу лъыттащ. Ди сабийхэр къыщежьэжым къэкIуэжыну хуэмейуэ я нэпсхэм къызэпажыхьат.
ДыздэщыIа щIыналъэхэр къызэщIэпкъуэжмэ, ди сабийхэм псом нэхъ ягу ирихьар Израилращ. НэхъапэкIэ здэщыIа Словениери гукъинэж ящыхъуащ, сыту жыпIэмэ пщыхьэщхьэхэр хьэлэмэту къыхузэрагъэпэщырт, фестивалым къекIуэлIахэр щхьэж и лъэпкъ, и къэралым щыIэ джэгукIэр, къафэр ягъэлъагъуэу зэхэст, зэпеуэ щIыкIэу. Аращ удимыхьэхынкIэ Iэмал зимыIэ Iуэху дахэхэр щIэщыгъуэ щIащыхъуари. Дыхьэшхыу, гузавэу, апхуэдэу зыщыщ гупым дэщIыжу джэгу зэмылIэужьыгъуэ куэд ирагъэкIуэкIырти, фестивалым хэтахэм пщыхьэщхьэхэр къахуэмыгъэсу пэплъэрт. 
Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм драгъэблагъэри, щэнхабзэмкIэ министрыр, ди уэрэджыIакIуэ пажэхэр ди гъусэу дызэрыщыIэрэ куэд щIакъым. Тыркум ис джылахъстэнейхэр щыпсэу щIыпIэрт дыщыхьэщIар. Тэрч районым щыIэ къуажэхэр зэрыщысым хуэдэу тIысыжащ ахэр, ди Тэрч районыр абдеж ягъэIэпхъуа фIэкI умыщIэу къуажэцIэхэр зэрызыкIэлъыкIуэм хуэдэу яхъумэжауэ. Абыхэми дагъэлъэпIащ, Хасэм цIыхушхуэ зэхуишэсри. 
 

 

Епсэлъар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться: