Гъуэтх

Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэ тхыцIэщ, бгым ущхьэдэзышу ТIуапсы къалэм ухуэзыунэтI гъуэгум бгъурытщ, метр 336-рэ и лъагагъщ.

ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита КIуэкIуэ Джэмалдин зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр  хуэпхь хъунущ хы ФIыцIэ Iуфэм Iуса «гъуае» адыгэ лъэпкъыу натхъуэджхэмрэ шапсыгъхэмрэ яхэзэрыхьыжам зэреджэу щытыгъам.

ЕтIуанэ еплъыкIэ. ЩIыпIэцIэм и япэ Iыхьэр хуокIуэ «гъуэш» псалъэм. БзэщIэныгъэм ирилажьэхэм абы къикIыу къалъытэр «жыгбэгуц банапцIэр щытепщэ» е «жыг дахэ-дахэу зэрымыт мэз» жыхуиIэрщ. Ауэ щыхъукIи: «гъуэтх» - «мэз цIырхъ шытх» мыхьэнэм хуокIуэ.         

                                              Гъуакъуэ - Георгиевскэ

Мы зэманым ТIуапсы и Iэхэлъахэм щыIэ Георгиевскэ къуажэм нэхъапэм зэреджэу щытар Гъуакъуэщ. А псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: «Гъуэ»-рэ, «къуэ»-уэ. Япэ Iыхьэр, «гъуэны»-р, зэрыжытIащи, кIахэ адыгэхэр бжьэ матэхэм Iугъуэ зэрыщIагъэу удз лIэужьыгъуэм зэреджэмкъытехъукIащ. ЕтIуанэр зыхуэпхь хъунури гурыIуэгъуэщ.

Зи гугъу тщIы къуажэр Псынэкъуэ (Пшенаха) зи фIэщыгъэ псыхъуэ цIыкIуу ТIуапсы и тIуащIэм егъэщIылIам Iусщ.

Гъуапэжь

ТIуапсы къалэм егъэщIылIа Iэхэлъахэм щыIэ бгылъэ шытхщ, ЦIэпс (Цыпка, ПцIэпс) къуажэ цIыкIум ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыдекIуэкI лъагапIэщ.

Гъуапэжь псалъэр IыхьитIу зэхэтщ: гъуап (гъуапэ) – Iэгъуапэ мыхьэнэм хуэбгъакIуэ хъунымрэ «жьы» – «ин», «инышхуэ», «зэрыщыIэрэ зэманыфI дэкIа» егупсысыкIэм тедгъахуэмрэу. Мы щIыпIэм щыIэ бгъуэнщIагъхэм я нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэми «Гъуапэжь» цIэр зэрехьэ.

Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. КIахэ адыгэхэм «бдзэжьей» псалъэм пагъакIуэу «пцIэ» жыIэкIэри яIэщ. Аращи, щIыпIэцIэхэм я къэунэхукIэ хъуар зэхэгъэкIыным дихьэххэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зи гугъу тщIы лъагапIэр зыпэгъунэгъу къуажэ цIыкIум зэреджэри мыпхуэдэу къыдгурыIуэ хъунущ: «Цыпка – ЦIэпс – ПцIэпс – Бдзэжьеипс» жыхуиIэу.

                                                 Гъуэнытх

Хы ФIыцIэ Iуфэм егъэщIылIа ПсыфIыпэ (Лазаревск) къалэ цIыкIум километр I9-кIэ (мэзылъэ IуащхьэхэмкIэ) пыIудза Тхьэгъэпщ адыгэ къуажэм пэгъунэгъу шытххэм ящыщ зыщ. Лъахэджхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, псалъэр IыхьитIу: «гъуэны»-рэ «тхы»-уэ зэхэтщ.

         «Гъуэны» жыIэкIэр кIахэ адыгэхэр бжьэ матэхэм Iугъуэ зэрыщIагъэу удз лIэужьыгъуэу дэ, къэбэрдейхэм, «жыгкугъу» (омела белая) зыхужытIэрщ. «Тхы» Iыхьэр, зэрынэрылъагъущи, къызэрыдгурыIуэ хъунур лъагапIэхэр зэпызыщIэ тхыцIэ (сэнтх) егупсысыкIэм тедгъахуэущ. Аращи, зэрыщыту къатщтэмэ, мы фIэщыгъэм къикIыр ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьэ хъунур «гъуэным щIигъэна шытх» мыхьэнэм хуэкIуэущ.

                                                 Гъопсы - Гъуэпсы

Мы псы цIыкIум фIаща псалъэм и зэхэгъэувэкIэ хъуам теухуауэ еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Абыхэм ящыщ зыщ «Адыгская (Черкесская топонимия)» тхылъ гъуэзэджэр зи IэдакъэщIэкI КIуэкIуэ Джэмалдин къигъэлъэгъуари. ЩIэныгъэлIым зэрытригъащIэмкIэ, фIэщыгъэр «гъо» - «гъуэ» (ятIагъуэр зи тепщэ гъуэжьыгъэ), «псы» Iыхьэхэу зэхэтщ. Ауэ щыхъукIи, къызэрыдгурыIуэ хъунур «гъуэжьыпс» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ.

Адыгэ Республикэм щыпсэуа лъахэхутэ цIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Къасым зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэу «гъо» - «гъуэ» теплъэ зиIэр ди нэгу къызэрыщIэдгъэхьэ хъунур «бгъуэнщIагъ» егупсысыкIэм ухуэзышэ «гъуэ» жыIэкIэм техуэущ.

Мыбдежым зи гугъу щытщI «Гъуэпсы» псалъэр «ШIоикъу» («ФIеикъуэ», «Большое Псеушхо», «Псыущхъуэ») шапсыгъ къуажэ телъыджэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыблэж псы цIыкIум и цIэщ. ШIоикъуэпс (ФIеикъуэпс) а жылэм блэкIа иужькIэ, Ныожъыепс (Ныуэжьыпс) зи фIэщыгъэ псы нэхъ иным холъэдэж.

                                         Унэ-убэт - Гоноубат–

         Гоноубат – Унэ-убэт иджырей Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ щежэх псыщ.

Пшэху (Пшаф) зыфIаща мэзылъэ шытхым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм псы къуэпс цIыкIуурэ зыкъыщызэщIекъуэри, Шэнджий псы хъумапIэм холъэдэж. Бзэр зыджхэм зэрыжаIэмкIэ, «убэт» Iыхьэр «убэтэн» (кIахэ диалект) псалъэм къытехъукIащ, къызэрыбгурыIуэ хъунури «зэтезыкъутэ», «зэтезыубэ» мыхьэнэхэр иIэущ. Зэрыщыту къатщтэмэ, «Унэ къутэ» жыхуиIэщ.

                                   Гнокопсе - Гыны-къуэ-псы

         ТIуапсы щIыналъэм щежэх Агуий псым хэлъэдэж къуэпсхэм язщ.

«Гыны» жыIэкIэр адыгэбзэм и шапсыгъ псэлъэкIэм (диалектым) къызэрыщыкIуэр «къэбыстэ» мыхьэнэ щиIэущ. «Къуэ», «псы» Iыхьэхэм къарыкIыр дэркIи гурыIуэгъуэу щыщыткIэ, фIэщыгъэр зэрыщыту къатщтэмэ, зыхуэтхь хъунур «къэбыстэ къыщыкI къуэладжэ» жыхуиIэущ.

Агуий шапсыгъ къуажэм лъэныкъуэкIэ къыщыщхьэщыт мэзылъэ шытххэм язым зэреджэр «Гыныкъопсытхщ».

                                      Гочег Маф - ГъуэщIагъ махуэ

Адыгэ Республикэм пэгъунэгъуу, иджырей Краснодар крайм хыхьэ Псыхуабэ (Горячий Ключ) зыгъэпсэхупIэм и Iэхэлъахэм щыIэ бгъуэщIагъщ.

Мывэ скъар лъагэу урысхэм «Петушок» зыфIащам пкърыт гъуэдыдж-гъуэжлау тIуащIэщ. Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, абазэхэхэм ящыщу укIкIэ зи хьэкумыр (судыр) ящIахэм пIалъэ гуэркIэ зыщагъэбыдэу щыта екIуэлIапIэщ. ЗэрыжаIэжымкIи, зи псэр ягъэныну зытраIуахэм ящыщу а бгъуэнщIагъым зи лъэр нэзыхусыфахэм къытралъхьар хуагъэгъурт. Абы иужькIэ, «щтапIэ» ихьэжахэм, бгъуэнщIагъыр ябгынэрти, бгы нэхъ лъагэхэмкIэ яунэтIырт. Аращ зэпыщIа гъуэжлауитIым «ГъуэщIагъ махуэ» фIэщыгъэр щIытрагъэIукIауэ щытари.

                                                                           КЪУМАХУЭ  Аслъэн.

Поделиться: