Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым и лэжьыгъэр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ и Указ «КъэхъуащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрхэм зы регламентым тету лэжьыгъэр зэрытрагуашэ щIыкIэр зэтеухуэным и IуэхукIэ» 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №648-м, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къэхъуащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» 2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м къыдигъэкIа Указ №29-УГ-м япкъ иткIэ унафэ сощI: 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм къэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж и центрым теухуа Положенэр къэщтэн. 2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм жэуап ихьу гъэувын: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж и центрым и лэжьыгъэр зэтриухуэнымкIэ, абы зригъэужьынымкIэ; КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым зыщригъэужькIэ икIи ар зэригъэлажьэ щIыкIэм техникэ Iэмал игъэбелджылынымкIэ икIи ар пхигъэкIынымкIэ. 3.КъэхъукъащIэхэм я хъыбар зэкIуэлIэж центрым и пэшхэр, Iэмэпсымэхэр, лэжьэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ ехьэлIахэм я щыIэкIэр къызэгъэпэщын и лъэныкъуэкIэ жэуап зыхь органу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Iуэхухэр зезыхьэ управленэр гъэувын. 4. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м №126-УГ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм» «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я убзыхукIэм и IуэхукIэ» 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я убзыхукIэми IуэхукIэ» 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указым мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) ухэзыгъэгъуазэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм цIыхубэ властыр къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ я зэхуэдэу щыIэ хабзэхэм и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 20-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «а» пунктым япкъ иткIэ унафэ сощI:; б) 3-нэ пунктым щIыгъужын «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министр» псалъэхэр. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м №128-УГ
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|