Спорт хъыбархэр

 Хутэ Беслъэн и ехъулIэныгъэ

        Кудо спорт лIэужьыгъуэмкIэ Урысейм и ныбжьыщIэхэм я 30-нэ зэхьэзэхуэ Мэзкуу щекIуэкIащ, щIыналъэ 56-м къикIауэ спортсмен 400-м щIигъу хэту. Кавказ Ищхъэрэм и командэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалищ щыIащ абы. Ахэр Бетрожь Артур, Хутэ Беслъэн, Надзырэ Идар сымэщ.

         Зи ныбжьыр илъэс 16-17 хъу гупым хиубыдэ и хьэрхуэрэгъу псоми ятекIуэри, Хутэ Беслъэн дыщэ медаль къихьащ икIи абы и фIыщIэкIэ Кавказ Ищхъэрэм и командэм ещанэ увыпIэр иубыдащ.

         Чемпион хъуа ди щIалэм и гъэсакIуэр Щоджэн Русланщ.

        

                         ЩIымахуэ чемпионат

        Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щызэдэджэгунухэр:

                      Дыгъэгъазэм и 16-м (щэбэтым). 4-нэ тур.

 Сыхьэт 11-м. «Локомотив» (Кенжэ) - «Инал» (Къэрэгъэш).

         Сыхьэт 12-рэ дакъ.30-м. «Имран» (Бахъсэн) – «Мурбек-ФШ» (Налшык).

         Сыхьэт 14-м. «Искра» - «Зэрэгъыж».

         Сыхьэт 15-рэ дакъ.30-м. «Шагъдий» (Зеикъуэ) – «МАХ» (Малкэ).

 

                Дыгъэгъазэм и 17-м (тхьэмахуэм). 4-нэ тур.

         Сыхьэт 11-м. «ХьэтIохъущыкъуей» - «Ислъэмей».

         Сыхьэт 12-рэ дакъ.30-м. «Спартак-Д» (Налшык) - «ГорИс» (Налшык).

 

                   Дыгъэгъазэм и 20-м (бэрэжьей).

         Сыхьэт 17-м. «Локомотив» - «Мурбек-ФШ» (Налшык). 2-нэ тур.

         Сыхьэт 19-м. «Логоваз» (Бабугент) – «Автозапчасть» (Бахъсэн). 4-нэ тур.

         ЗэIущIэхэр щекIуэкIынур Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэм» и стадионырщ.

         Псори зэрыджэгуа бжыгъэр зэрызэхуэмыдизым, итIанэ, чемпионатым зэрыщIидзагъащIэм къыхэкIыу, гуп къэс я лъэкIыныгъэр здынэсыр жыIэгъуейщ. Дыщыгугъынщ джэгукIэ дахэ мымащIэ къытпэщылъу.

                                                                                        ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: