«Нарт»-м и вагъуэхэр

Футболым и дунейпсо махуэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм щагъэлъэпIащ мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2023 гъэм къриубыдэу ехъулIэныгъэшхуэ зыIэрызыгъэхьа, къагъэщIэрэщIэжа «Нарт» футбол командэм и футболистхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.

Мазитхум къриубыдэу ЮФО-м, СКФО-м футболымкIэ я чемпионатми, хэгъэгу Кубокыр къэхьынми, урысейпсо чемпионатым япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьа, илъэс 20-кIэ мыджэгуа «Нарт» гупым псэ къыхэзыгъэхьэжа футболистхэм хуагъэфэщащ Урысейм футболымкIэ спортым и мастерым и кандидат цIэ лъапIэр. Гуапэ зэрыхъущи, спортым и мастерым и кандидат хъуахэм ящыщщ ди адыгэ щIалэхэри: Абидокъуэ Вадим, Жумай Iэмир, Iэбыдэ Астемыр, Тхъуахъуэ Сэхьид сымэ.

КъинэмыщIауэ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъкIэ и цIэр къраIуащ 2023 гъэм урысейпсо чемпионатым и «Бомбардир нэхъыфI», и «Футболист нэхъыфI», СКФО-м, ЮФО-м я чемпионатхэм я «Футболист нэхъыфI» Акбидокъуэ Вадим - «Нарт» фут­бол командэм и капитаным.

Щхьэхуэу я гугъу тщIымэ тфIэфIт «Нарт»-м и капитанымрэ 2023 гъэм и джэгугъуэ пIалъэм къапэщIэтахэм я гъуэм топи 10 дэзыгъэхьа Жумай Iэмиррэ.

Мы тIур футболым зэришэлIащ, езыхэм зэрыжаIэу, зэкъуэшщ, зэныбжьэгъу щыпкъэхэщ. Вадим и ныбжьыр илъэс 27-м, Амир - 25-м итщ. Футболым пыщIахэм зэрыжаIэу, «я джэгугъуэ фIыгъуэ дыдэщ». ТIури зэрысабий лъандэрэ футболым дихьэхыу къэтэджащ. Вадим - Черкесск къалэм, Iэмир - Хьэбэз къуажэм зыщагъэсащ. Уеблэмэ иджыри ныбжьыщIэхэу «АРР» футбол клуб цIэрыIуэм щыджэгуащ, мызэ-мытIэу Ипщэ, Ищхъэрэ Кавказ хэгъэгухэм, Урысейм чемпион щыхъуахэщ. Дэтхэнэ зэхьэзэхуэми мы футболиститIыр къахэщу, IэкIуэлъакIуагъ ин къагъэлъагъуэу къэгъуэгурыкIуащ.

Иужьым, Вадим - Ставрополь олимп резервхэр щагъэхьэзыр и училищэм, Iэмир - Краснодар къалэм и «Кубань» футбол гъэсапIэм къыщыхутэри, ныбжьыщIитIми фIыуэ запсыхьащ, я цIэр Iуащ.

Вадим илъэс куэдкIэ ехъулIэныгъэ инхэр къигъэлъагъуэу щыджэгуащ Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и «Машук-КМВ»-м, иужьым «Интер-Черкесск» командэм. Iэмир и джэгукIэр щригъэфIэкIуащ Краснодарым и «Кубань», «Урожай», Саранск и «Мордовия», «Армавир», «Динамо Брянск», «Тверь» командэхэм. Иужьрейуэ зэныбжьэгъуитIыр «Машук-КМВ»-м щызэхуэзэжащ.

«Нарт»-р къагъэщIэрэщIэжыну иужь ихьауэ, ди хэгъэгум щыщ футболистхэр къыщалъыхъуэжым, япэ дыдэ зэпсэлъахэм ящыщщ мы щIалитIыр.

«Узыщалъхуа республикэм и командэ нэхъыщхьэм ухэту уджэгуныр, уи хэгъэгум и щIыхьыр пIэтыну къыпхуагъэфэщэныр дэркIэ куэд и уасэщ. Футбол дыджэгун зэрыщIэддзэрэ, абы дыщIэхъуэпсу дыкъекIуэкIащ. Пэжщ, ди хэгъэгум профессиональнэ футбол командэ зэримыIэжым къыхэкIыу, тIури нэгъуэщI щIыналъэхэм дыщыджэгуащ. Ауэ ди республикэм и Iэтащхьэм и унафэм щIэту «Нарт»-р къыщагъэщIэрэщIэжым, дызыщIэхъуэпсар къыдэхъулIащ, - жаIэ щIалитIым.

ХЬЭТАЙ Мадинэ
Поделиться: