«Аврора» лигэм и ещанэ Iыхьэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Санкт-Петербург къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ щIалэгъуалэм дзюдомкIэ я дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Ахэр хуэунэтIауэ щытащ Олимп джэгухэм я чемпион Хайбулаев ТIахьир и саугъэтыр къэ­хьыным икIи «Аврора» лигэм и зэпеуэм и ещанэ Iыхьэт. 

Саугъэтым щIэбэнащ Урысей Федерацэм, Белоруссием, Алыджым, Къэ­захъста­ным, Монголием, Узбекистаным я бэна­кIуэ 1700-м нэблагъэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэхэм хэтащ дзюдоист 15 икIи зэфIэкIыфIхэр къагъэлъэгъуащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Байрамкулов Алимрэ (кг 55-рэ) Щад Дилианэрэ (кг 63-рэ). ЕтIуанэ хъуащ Къущхьэ Темырлан (кг 66-рэ). 
ТекIужь Астемыр (кг 81-рэ), Хъуран ­Къантемыр (кг 60), КIуж Темырлан (60), Iэрыпщэ Къантемыр (кг 55-рэ), Къуэдзокъуэ Иланэ (кг 44-рэ), Хъуран Каринэ (кг 48-рэ) сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ. 
Командэм и тренерхэр Иванов Дмит­рий, Апхудэ Анзор, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Джэданэ Залым сымэщ. 

БЭТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: