Ахъшэм къыдыщIагъу

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил иригъэкIуэкIащ Пра­ви­тельст­­­вэм хэтхэм я зэIущIэ. Абы къу­лыкъущIэм щыжиIащ автомобиль гъуэгухэр зыхуей хуа­гъэзэн щхьэкIэ мы илъэсым иджыри сом мелуан 570-рэ къызэры­хуаутIыпщынур. Апхуэдэ ахъ­шэ зратыну хэгъэгуи 5-м хэхуащ Къэбэрдей-Балъ­къэрри. 

Ар трагъэкIуэдэнущ Шэ­джэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгум и Iыхьэмрэ абы телъ лъэ­мыжымрэ зэгъэпэщыжыным.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, УФ-м и Президент Путин Владимир и дэIэпыкъуныгъэкIэ зэ­рагъэзэхуэж гъуэгу нэхъ инхэм ящыщщ зи гугъу тщIыр. 
Мишустиным зэрыжиIамкIэ, къыдата ахъшэм иджыри къызэрыдыщIагъуам и фIыгъэкIэ, щIыналъэм и гъуэгухэр ирагъэфIэкIуэнущ, туризмэм зригъэужьынущ, гъуэгум епха нэгъуэщI Iуэхухэри гъэзэщIа хъунущ. 

Поделиться: