Чувашхэм я зэхыхьэКъэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр хэтащ Чебоксары къалэм дэт Чуваш драмэ театрым чуваш лъэпкъым и зэхуэсышхуэ щекIуэкIам. КъыжыIапхъэщ, Чуваш лъэпкъ центрым Урысеймрэ нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ щыпсэу чувашхэр зэрызэкъуигъэувэр. Урысейм чуваш лъэпкъ щэнхабзэ зэгухьэныгъэу 100-м нэблагъэ щыIэщ. Беларуссиер, Къэзахъстаныр, Эстониер зи хэщIапIэ чувашхэм абыхэми щаIэщ я зэгухьэныгъэхэр. Абы я къалэн нэхъыщхьэр чуваш щэнхабзэр, хабзэр, тхыбзэр яхъумэнырщ. Къэхутэныгъэхэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бжыгъэкIэ етхуанэ увыпIэр зыIыгъыр ахэращ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, чуваш 60 щопсэу.
Поделиться:
Читать также:
13.05.2024 - 17:30 →
ТекIуэныгъэ Иным траухуэ
10.05.2024 - 12:36 →
Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
|