Я лъэщагъыр къагъэлъагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм  къызэритамкIэ, Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Казаров Сурен и фэеплъу щытащ ар. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 200-м щIигъу.
 
Республикэм и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм хэта Къущхьэ Хьэжы-Муратрэ (кг 79-рэ) Кумыщ Тамерланрэ (кг 125-рэ) япэ увы­пIэр къахьащ. Дол Азэмэтрэ (кг 70) Бажэ ТIэхьиррэ (кг 86-рэ) етIуа­нэ хъуащ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм «УФ-м спортымкIэ и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащащ. 
АЛЫДЖЫКЪУЭ  Руслан.

Поделиться:

Читать также: