Къэрал унафэщIым и телъхьэщКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iэ щIидзащ УФ-м и Президенту Путин Владимир Владимир и къуэр 2024 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм зэрызыкъыщигъэлъэгъуамкIэ зэрыарэзым щыхьэт техъуэ дэфтэрым. «Ди республикэм щыпсэу цIыху псоми хуэдэу, сэри дызоIыгъ ди Президентым а Iуэхум теухуауэ ищIа унафэр, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Нобэ, дапщэщи хуэмыдэу, дэ дыхуэныкъуэщ зэпIэзэрытыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ. Президентым и акъылыфIагъым, ищI унафэхэм япкърылъ захуагъэм, и политикэ гупсысэ шэщIам, IэщIагъэлI псори зы Iуэхум зэрыхузэщIигъэуIуэфым - а псоми Iэмал къыдат Урысейр къыпэщIэува лъэпощхьэпохэм пэлъэщыну, апхуэдэуи адэкIи зиужьыну».
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
|