ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я пщIэм хохъуэ

УФ-м и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкIа Къэ­рал советым и зэIущIэм ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.

ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытар егъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я пщIэм адэкIи хэгъэхъуэн зэ­рыхуейрщ. Зэхуэсым къы­щып­сэлъащ егъэджэныгъэмкIэ министр Кравцов Сергейрэ Къэ­рал советым и «Егъэджэныгъэ» къудамэм и унафэщI Развожаев Михаилрэ.
Къэралым и унафэщIым гулъытэшхуэ хуи­щIащ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм щылажьэ псоми я улахуэм хэгъэхъуэн зэрыхуейм. Абы къыхигъэщащ хэкупсэ гурыщIэр сабийхэм ­хапщэн пап­щIэ, дзэ Iуэху хэ­хам хэтхэр езыгъэджахэмрэ ­зыгъэсахэмрэ я бгъэдыхьэкIэр къагъэщхьэпапхъэу зэры­щы­тыр. ЩIыналъэ щхьэхуэхэм я уна­фэщIхэм Президентым уна­фэ яхуищIащ егъэ­джа­кIуэ­хэмрэ гъэсакIуэхэмрэ нэ лейкIэ еплъыну, зыхуей псомкIи къы­зэрагъэпэщыну.
ЗэIущIэм мыхьэнэшхуэ зэ­риIэм щытепсэлъы­хьыжым, КIуэ­кIуэ Казбек жиIащ: «Иужь­рей илъэсхэм ди республикэм егъэджакIуэхэмрэ гъэ­сакIуэ­хэмрэ лэжьыгъэм зэрытрагъэгушхуэ IэмалыщIэхэр къыщыкъуэкIащ. 2021 гъэм ще­гъэ­жьауэ, егъэджакIуи 100-м щIигъум КъБР-м и Iэтащхьэм и мылъку саугъэт иратащ, щIыналъэмрэ къэралымрэ ще­кIуэкIа зэпеуэхэм къы­зэрыщы­хэжаныкIам папщIэ. Илъэс ещанэ ­хъуауэ егъэджакIуэхэм  я улахуэм хагъахъуэ. Ар къы­зэрапщытэ IэмалыщIэхэр ягъэ­лэжьэн щIа­дзащ. Я лэжьыгъэм зыкъыдагъахуэу, къуажэ школхэм физикэр, химиер, информатикэр ще­зыгъэджхэм я ахъ­шэм хагъахъуэ. Школхэр и чэзум зэрызэрахьэм и фIыгъэкIэ, егъэджа­кIуэхэм я лэ­жьыгъэр хуиту щрагъэкIуэ­кIы­фын пэшкIэ къызэгъэпэща ­хъуащ. Президентыр зытепсэ­лъыхьа лъэныкъуэ псори республикэм къыщаIэта жэрдэм­хэри нэгъэсауэ ягъэзэщIэнущ».
Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэ­джакIуэмрэ унэ­тIакIуэм­рэ я илъэсыр IуэхуфIкIэ гъэнщIа­уэ щекIуэкIащ. Егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм я уна­фэщIхэм, егъэджакIуэ щIалэхэм, щIэныгъэ щхьэхуэхэр щIэб­лэм езытхэм  папщIэ зэхуэс куэд къы­зэрагъэпэщащ. Республикэм и егъэджакIуэхэм IэщIагъэм фIы­уэ зэрыхащIы­кIыр къагъэлъэгъуащ щIыналъэми ­къэ­­ралми щекIуэкIа зэхьэзэ­хуэхэм зэрыщытекIуамкIэ. ­Псалъэм папщIэ, Налшык ­къалэм дэт лицей №2-м физикэр щезыгъэдж Къэшэж Аслъэн къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуащ, «Классная тема» урысейпсо зэпеуэм япэ увыпIэ ­къыщихьа нэужь.

Поделиться: