Гъуазджэр телъыджэхэм я дунейщИлъэсыщIэм балигъи сабии телъыджэ поплъэ, псом хуэмыдэу цIыкIухэр. Гъуазджэрщ, таурыхъырщ телъыджэхэм я дунейр. Сабийхэм гуащэ театрыр зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ ялъагъу.
Налшык и Гуащэ театрыр КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, 1909 гъэм яухуа, архитектурэ фэеплъ хъуа унэм щыIэщ. Гуащэ театрым и унафэщI къалэнхэр егъэзащIэ Гонтарь Людмилэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэхэм я унафэкIэ, Гуащэ театрыр 1986 гъэм мэкъуауэгъуэм къызэIуахащ. IуэхущIапIэм и тхыдэм уриплъэжмэ, япэу абы щагъэлъэгъуащ Маслов Владимир и «Мой друг Солнце» спектаклыр. Ар зыгъэувар режиссёр Панин Анатолэщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ абы щолажьэ артист цIэрыIуэхэу Леньковэ Наталие, Техажев Марат, Кошеров Анзор.
Мы зэманым абы и репертуарым спектакль 15-м щIигъу хэтщ. Ахэр режиссёр зыбжанэм я лэжьыгъэщ. Абыхэм ящыщщ IутIыж Борис и «Нартхэм я дыгъэ», Дэбагъуэ Мухьэмэд итха «Иныжьым и нэр», Жылэтеж Сэлэдин и "Ашэмэз и бжьамийр», нэгъуэщIхэри. Нэгъабэ ягъэуващ КIыщокъуэ Алим и «Бажэ пшынэ» таурыхъым къытращIыкIа «Лисица и гармонь» (урысыбзэкIэ), «Алакез» (балъкъэрыбзэкIэ) спектаклхэр.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным хыхьэу, нэгъабэ Гуащэ театрым и унэр зэрагъэпэщыжащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ я фIыгъэкIэ, ухуэныгъэр зыхуей хуагъэзэжащ. ТIысыпIэ 77-рэ зиIэ пэшым щIэт унэлъащIэхэри зэрахъуэкIащ, утыкур щIэрыщIэу зэрагъэпэщащ, иджырей Iэмэпсымэхэр щагъэуващ. КъищынэмыщIауэ, IуэхущIапIэм и щIыунэхэри зыхуей хуагъэзэжащ, театрыр зыхуеину хьэпшыпхэр щагъэхьэзыр пэши яIэ зэрыхъуар я Iуэхур ящызыгъэпсынщIэщ.
Гуащэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэгъэпэщащ театрыр, IуданэкIэ зэрагъакIуэ марионеткэхэм я деж щыщIэдзауэ, планшеткIэ, башкIэ, IэпхъуамбэкIэ зэрагъакIуэхэр къызэщIиубыдэу.
Сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм кIуэхэмрэ щIэх-щIэхыурэ Гуащэ театрым зыщаплъыхь. Зэпымыууэ я репертуарым лэжьыгъэщIэхэр къыхагъэхьэ. Актёрхэм гуащэхэр къызэрыбгъэсэбэпынум, зэрыбгъэджэгунум теухуа дерсхэр ят. Нэхъыбэу абыхэм екIуалIэр илъэситIым щыщIэдзауэ илъэсибгъу ныбжьым итхэрщ. Илъэсих ныбжьым итхэм, курыт еджапIэм кIуэхэм яхуэгъэзахэри щыIэщ. Нэхъыбэу я лэжьыгъэхэм щIэупщIэр сабий гъэсапIэм кIуэхэрщ. Гуащэ театрым кIуэ балигъи сабии спектаклхэр ягу дохьэ, фIыуэ ялъагъу лIыхъужьхэм кIэлъоплъ. Нэхъыщхьэращи, абы екIуалIэхэм дахагъэр, гъуазджэр фIыуэ ирагъэлъагъу.
ИлъэсыщIэ спектаклхэр дакъикъэ 35-40-м тещIыхьауэ ягъэлъэгъуащ, сабийхэр темызэшэным хуэщIауэ. ЩIышылэм и пэхэм артистхэм я лэжьыгъэр яублэжащ, сыхьэт 13-м щIадзэу. Театреплъ ныбжьыщIэхэм папщIэ Гуащэ театрым и бжэхэр сыт щыгъуи зэIухащ!
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|