КIэпхъЗыгъэпсэхугъэ махуэт. Аслъэн цIыкIурэ сэрэ ди къалэ жыг хадэм къыщыткIухьырт. Уэлбанэ нэужьти, дыгъэм хуэзэша бзу цIыкIухэм макъамэ зэхуэмыдэхэр зэпеуэу кърашырт. Куэдым щIэупщIэу еса Аслъэни дэтхэнэ бзум и макъри зэригъэцIыхурт… ДыздэкIуэм, гъуэгум ибгъумкIэ щыт псей лъагэм зы дэшхуэ къехуэхащ. Ар щIы гъурым техуэри тIууэ зэгуэудащ. - Папэ, псейм дэ къыпыкIэрэт-тIэ? - къысхудэплъеящ Аслъэн. И упщIэр зэрыгъэщIэгъуэным иджыщ гу щылъыстар. - Зэ умыпIащIэ, - жысIэри, сыдыхьэшхащ сэ. Сыдэплъеймэ, щхьэкIэм къуаргъыжь макъейхэр щызэныкъуэкъурт. Зы кIэпхъ гъуабжэ цIыкIуи а псей дыдэм къелъэри, ди пащхьэм къихутащ. Абдеж телъыджэ къыдолъагъу: къуаргъыжь губжьахэми зыкърадзыхауэ, а кIэпхъ дэIэпыкъуэгъуншэм къебгъэрыкIуэрт. Ауэ, и закъуэ щхьэкIэ къэмынэу, ар лъэрызехьэт, къуаргъыжь губжьахэм ящымышынэу езауэрт. Гузэвэгъуэм хэхуа кIэпхъ цIыкIур къедгъэлыну дыщыщIэпхъуэм, къуаргъыжьхэр лъэтэжри псыхъуэ лъэныкъуэмкIэ яунэтIащ. КIэпхъ цIыкIур щIэпхъуэжыртэкъым. Е дыкъызэрыдэщIам щхьэкIэ къытхуэгушхуауэ арат? И нэ цIыкIухэр къыттриубыдауэ, мыхъейуэ щыст. И гур къызэрыгъуэтыжауэ, ар иджы зыгуэрым лъыхъуэрт, кIэбдз лъакъуитIкIэ увауэ. Абы зэуэ зричри, дибгъу дыдэмкIэ блэжащ. Къехуэхыу зэгуэуда дэм и щIэлъэныкъуэр къипхъуатэри жыгым дэжеижащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, къуаргъыжьхэр къыщIезэуар дэр трахыну арат. Иджы, мис, дэм и ныкъуэр къэзгъуэтыжри кIэпхъым хуэсшиящ, ауэ ар лъэри нэгъуэщI къудамэ къытехутащ. - Папэ, уэ къыпщошынэри, сэ езгъэт, - жиIащ Аслъэн цIыкIу. - Пэжу къыщIэкIынщ, мэт-тIэ. Аслъэн дэ ныкъуэр шияуэ иIыгъыу, сакъыурэ ежьащ. КIэпхъри абы щымышынэу, хуэм цIыкIуурэ къекIуэтэхырт. Сэри зыгуэр жысIэн дэнэ къэна, сымыбауэу сыщытт, кIэпхъыр зыхуэкIуэр сэра си гугъэжу. Ар хуэмурэ къехщ, и гум пымыкIа дэ ныкъуэ цIыкIур зыIэригъэхьэжри, макIуэ-мэлъей, жыгым дэжеижащ. - Папэ, кIэпхъ цIыкIур къуаргъыжьхэм яуIауэ къыщIэкIащ, и бгъэгури лъы защIэщ, - жиIащ Аслъэн, къызбгъэдыхьэжурэ. - Умыгузавэ уэ, хъужынущ ар. – Аслъэн и жагъуэ зэрыхъуар нэрылъагъути, и гур фIы хуэсщIыжащ. ДыкъыздэкIуэжым, сэ гу лъыстащ Аслъэн зытепсэлъыхьым зызэрихъуэжам. Нэрылъагъут Аслъэн и гур гупцIанагъэкIэ нэхъ къулей зэрыхъуар. ПЩЫХЬЭЩIЭ Сэлам.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 15:00 →
Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр
03.05.2024 - 13:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
02.05.2024 - 14:17 →
Дунейхэм я щIэплъыпIэм
02.05.2024 - 12:34 →
Насыпыр сыт зэлъытар?
27.04.2024 - 19:53 →
Хъыджэбз мэкъуауэ
|