Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэхъыфIхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и телеграм-каналым иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм зыуэ щыт къэрал экзаменхэр балли 100-кIэ ятащ республикэм и Налшык къалэм, Тэрч, Шэджэм щIыналъэхэм я курыт еджапIэхэм я гъэсэн зыбжанэм. Балл нэхъ лъагэ дыдэхэр химиемкIэ къахьащ Тыкъуэ Лаурэ, Мисировэ Саидэ, Къущхьэ Саримэт, Къэгъэзэж Андемыркъан, Дыкъуэ Iэминэ сымэ. Якушенкэ Илья, Мэремкъул Дарье, Батыр Данизэ сымэ балли 100-р къалэжьащ урысыбзэмкIэ. МатематикэмкIэ Хаджиев Ренат, информатикэмрэ ИКТ-мкIэ Соблыр Мухьэмэдрэ Сокъур Иналрэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьащ. ТхыдэмкIэ балли 100 хуагъэфэщащ Хьэгъэбанэ Залинэ къигъэлъэгъуа щIэныгъэм. Республикэм япэм къэмыхъуауэ инджылыбзэмкIэ балл нэхъ лъагэ дыдэр - 100 - къихьащ Сэхъурокъуэ Артур.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|