Адыгэ тхыпхъэхэм дихьэх IэпэIэсэ

Мэкъуашэ - Бырхьэм Заирэ дыщэкIщ, дэрбзэрщ. Абы ищI лэрыпсхэм, тхьэгъухэм, щхьэхэIухэм, Iэлъынхэм, абы ид фэилъхьэгъуэхэм уахьэху. Бзылъхугъэхэм зызэрагъэдахэ тхьэгъу-Iэлъын хуэдэхэм адыгэ тхыпхъэхэр трещIэ , «гу», «псэ», «гугъэ», «уэщI» псалъэхэр къыхеIущIыкI. А псом бзылъхугъэм нэхъ иужькIэ зыхуигъэсэжащ, курс щхьэхуэхэм щыхуеджэжурэ. Ар КъБКъУ-м туризмым щыхуеджащ, пIалъэкIи ирилэжьащ а IэщIагъэм. Иджыпсту IэрыкIхэр ещI, щыгъынхэр ед «MakZa» брендым щIэту. Абы ищIхэм псом хуэмыдэу дехьэх щIалэгъуалэ хэкупсэхэр.
IэпэIэсагъэр
- Сыт щыгъуи щIэ гуэр къэзгупсысыну, щIэщыгъуэ гуэр IэкIэ сщIыну сфIэфIт. IуданэкIэ зэрысхъэурэ, ипоксид сагъызым хьэпшып цIыкIухэр къыхэсщIыкIыурэ си ныбжьэгъухэм сахуэупсэрт. Дэнми сыдихьэхырти, зыхуэзгъэсащ, абыкIи цIыхум нэхъ ягу дыхьэнухэм сегупсысурэ, щIэщыгъуагъ зэрыхэслъхьэнум сыхэтщ.
Иджыпсту дыжьынымрэ жэзымрэ сролажьэ. Я пIалъэр хъарзынэу зэзгъэщIащ, сызыIэпишащ. Пэжым ухуеймэ, дыжьыным урилэжьэну гугъущ, ухуэсакъын хуейщ къитхъа имыIэу бузэхуным. Си гум дыхьэ псоми соплъ, согъэунэху, зызогъэхъулIэ. Уи псэм фIэфIу Iуэхугъуэ е IэщIагъэ дапщэ щыIэми, зеппщыту къохъулIэрэ къомыхъулIэрэ бгъэунэхун хуейуэ къызолъытэ.
 Си гуапэщ си IэрыкIхэр цIыхухэм ягу зэрыдыхьэр, си псэр зэрыхэслъхьэр зэрызыхащIэр. Си дыжьын IэрыкIхэр щIыуэпсым пэгъунэгъу дыдэщ гупсысэкIэ. Зыщэхуахэми ар къызжаIэ.
ФIэщыгъэ щIэщыгъуэхэр
- Си IэрыкIхэм псэрыгъуазэкIэ фIэщыгъэ къахузогупсыс. Ауэ а фIэсщым теухуа гупсысэкIи щIызогъэбыдэ, дауи. Лэрыпс, щхьэхэIу, тхьэгъу хуэдэхэр щысщIым деж, ахэр зэрызгъэдахэ тхыпхъэхэм я мыхьэнэм, къагъэлъагъуэм, щэхуу яхэгъэпщкIуам зыщызогъэгъуазэ. Накуэ Феликс тхыпхъэм теухуа и тхылъыр фIыуэ къысхуосэбэп, си Iэдэжу стIолыщхьэм телъщ.
 «УэщI»
- «УэщI» коллекцэр зэуIу щысщIым сегупсысащ ар щIыуэпсым и телъыджагъым къызэреспх хъуну Iэмалым. Дуней дызытетыр зэрыдахэр, цIыхупсэр абы псыхьа зэрыщыхъур къэзгъэлъэгъуэныр си мурадт мыбыкIэ. Сэ сфIэфIщ сыкъэзыухъуреихьым дахагъ хэслъэгъуэну, ар удзу, уафэу, псыуэ щрети. Апхуэдиз дахагъэр уи гум из щыхъум деж, абы уетхьэкъу, уегъэпIейтей, дамэ къыптригъакIэ хуэдэщ. Апхуэдэм деж гупсысэр зыхуэкIуэр уасэ зимыIэщ – псэм къыIэпокIри, IэпэкIэ бощI. Мыпхуэдэу согупсыс: щIыуэпсым псэкIэ пэгъунэгъу хъуа цIыхур IуэхущIафэкIэ дахагъэм етауэ псэунущ, пэжымрэ захуагъэмрэ тетынущ.
Тхыпхъэхэр
- Тхыпхъэм сытым щыгъуи мыхьэнэ иритырт адыгэм. АбыкIэ жаIэнIауэ хэтт пасэрейхэр. Къапщтэмэ, тхыпхъэхэм ящIэлъ гупсысэмрэ пасэрейм ар къызэригъэсэбэпу щытамрэ ямыджа куэд хэлъщ иджыри. Аращ сэ нэхъыбэм си гур тхыпхъэхэм щIетар – «удыгъэ» е «телъыджэ» жысIэн… ущэхуа гуэр къытощ. Псом хуэмыдэу бзылъхугъэм епха тхыпхъэхэр сызыхьэхущ, щIагъыбзэ дахэ къазэрыхэщыр сигу ирохь.
 «Сыхуитщи сыдахэщ»
- ДыщыцIыкIум, си шыпхъумрэ си дэлъхумрэ гушыIэурэ зэхъурджауэхэрт махуэ гуэрым. ЩызэрытемыгъакIуэм, си шыпхъум «Сыхуитщи сыдахэщ» жери пичащ, «абдеж дыкъоувыIэ!» жыхуиIэ щIыкIэу. А дакъикъэм ар егъэлеяуэ дыхьэшхэн хъуащ, иджы щыжыпIэжым деж гъэщIэгъуэнагъышхуэ хомылъагъуэми. Дэ ар псалъафэу къытхуинащи, иджыри къыздэсым дигу иримыхьIамэ, «Сыхуитщи, сыдахэщ» - кIэ дыкъыхокI псалъэмакъым. Иджы а гукъэкIыжыр сигу илъу къыдэзгъэкIащ а псалъэхэр зыхэдыкIа щыгъынхэр. ГушыIэ щIэслъхьащ, ауэ а гушыIэм уджэгуурэ зэрызыпхъумэ щIагъыбзэ гуэри зэрыхэлъыр гурыIуэгъуэщ – «Си жагъуэ умыщIыт!» жыхуэпIэу. Абы цIыхухэри дихьэхащи, куэдым ящэху. Псалъэхэр зыхэдыкIа бзылъхугъэ щыгъыныр лIэужьыгъуэ зыбжанэ мэхъури, щхьэж езым зэригъэкIур къыхех.
 Уадыгэным къикIыр!
- СызэрыцIыкIурэ сыадыгэпсэу сыкъыдэкIуэтеящ. Тхыдэр сэркIэ лъапIэщ, щэнхабзэр схъумэну сыхуейщ, щIэблэм хабзэ яхэлъмэ согуфIэ. Мис иджы сэ сыхуейщ икIи слъэкI къэзгъэнэнукъым си быным бзэр Iурылъу, хабзэ-бзыпхъэ хэлъу, адыгэ щэнхабзэр илъытэу къэзгъэхъун папщIэ. Апхуэдизу щэнхабзэ телъыджэ дэ къыддокIуэкIри, абы псори къезгъэхъуэпсэнт, зыхезгъэщIэнт, «сыту екIу» къыхужезгъэIэнт!
Сэ си IэрыкIхэр адыгэ щэнхабзэм щIеспхым и зы щхьэусыгъуэщ ди дахагъэр цIыхухэм езгъэлъагъуну, дызэрылъэпкъымрэ нэгъуэщIхэм дахэзымыгъэгъуащэу диIэхэм дыкъызэрахъумэмрэ зыхезгъэщIэну сызэрыхуейр.
ЩIалэгъуалэр куэду дехьэх икIи къыщIоупщIэ сэ здыхэмрэ хьэпшыпу сщIыхэмрэ. Абыхэм къагурыIуэну сыхуейщ ар ди щэнхабзэм къызэрыхэсхар. Псалъэм папщIэ, уи пщэм илъ лэрыпсым е уи щхьэцхэIум тетщ тхыпхъэ гъэщIэгъуэн… НэгъуэщI зыгуэрым абы Iэмал имыIэу гу лъитэнщи, щIэупщIэнщ абы къикIым, и мыхьэнэм, фIэгъэщIэгъуэн хъунщ. Абыхэм къахэкIынщ тхыдэм хэплъэжын зыгуэри. Ар IэмалыфIкъэ атIэ!
Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм куэдрэ къысхуатх си IэрыкIхэмрэ щыгъынхэмрэ ящыщ зыIэрагъэхьэну я гуапэу. Америкэм, Инджылызым, Иорданием, Тыркум изогъашэ си IэрыкIхэр. Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэ гупсысэкIэ сазэрыдэгуашэм си гум кърелъхьэ гурыфIыгъуэ.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: