ЩIыналъэщIэхэм IэщIагъэлIхэр макIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц жыпхъэм иту иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ. Ар теухуат Донецк, Луганск лъэпкъ республикэхэмрэ Херсон, Запорожскэ областхэмрэ щызэфIах инфраструктурэмкIэ проект щхьэ­хуэхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм. 

Зи гугъу тщIы лэжьыгъэр УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ Урысейм хиубыдэ щIыналъэхэм ирагъэкIуэкI. Донбассымрэ Новороссиемрэ я жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм епха зэIущIэм Президентым абы и мыхьэнэр къыщыхигъэщауэ щытащ: «ИлъэситI иримыкъу пIалъэм ДНР-м, ЛНР-м, Херсон, Запорожскэ областхэм километр минитIым нэс гъуэгу щызэрагъэпэщыжащ, жылагъуэ ухуэныгъэрэ цIыхухэр щыпсэу унэу мин хыщIрэ щитхум нэс зэIузэпэщ ящIыжащ, щIэуэ яу­хуахэри мащIэкъым. Урысейм хыхьэ адрей щIыналъэхэм ящыщу Донбассымрэ Новороссиемрэ ядэIэпыкъуныр зи пщэ дэзылъ­хьэжахэм ящIари хэзгъэкIуэдэну сыхуейкъым. Апхуэдэ дыдэщ волонтёрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, политикэ партхэм зэфIах лэжьыгъэри». 
Къэбэрдей-Балъкъэрым Херсон, Запорожскэ областхэм инфраструктурэм пыщIауэ щызэтекъута ухуэныгъэхэр зэгъэ­пэщыжынымкIэ псапэхуэщIэ лэжьыгъэхэр ирегъэкIуэкI. Илъэс блэкIам Скадовск къалэм псыр щызэбгрызыш бжьамий лъа­гъуэр зэрагъэпэщыжащ. МФЦ-м и лэжьыгъэр зэтраублэжащ, еджапIэхэм я зым медицинэмкIэ пэшыр зэIузэпэщ щащIыжащ. ЩIыналъэм хиубыдэ жылагъуэхэм сабий джэгупIэхэр, унэхэм къедза уней, жылагъуэ пщIантIэхэр зыхуей щыхуагъэзащ, иджыблагъэ амбулаторэщIэм и бжэхэр къызэIуахынущ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр дяпэкIи екIуэкIынущ. КъинэмыщIауэ, Херсон областым хиубыдэ Голопристанскэ щIыналъэм и администрацэм 2024 - 2025 гъэхэм зэфIагъэкIыну я мурад лэжьыгъэхэм теухуа зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ КъБР-м, абы ухуэныгъэщIэ зыбжанэ хагъэхьащ. ДызыхуэкIуэ тхьэмахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ IэщIагъэлIхэр зэлэжьыпхъэр яубзыхун папщIэ, ­гъуэгу техьэнущ.

Поделиться: