Щхьэгъубжэм удэплъмэ…

Новеллэ
Бжьыхьэ уэшхыр ныщхьэбэ хъийм икIащи, екIуэлIапIэншэу щхьэгъубжэ къэс тоуIуэ. Ар щIыхьэнут а унэхэм язым, зигъэпсэхунут, ауэ цIыхухэр апхуэдэ хьэщIэ хуейкъыми, «къеблагъэ» къудей къыжрамыIэу щхьэгъубжэхэр хуащI. Ар зи жагъуэ хъуа уэшхыр, нэпс щIыIэу, абджым йожэх. 
Уэшхыр зытеуIуэ щхьэгъубжэхэм язым къыIутщ зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхубз лъагъугъуафIэ. И щхьэц тхъуамрэ и нэкIу зэлъамрэ и ныбжьыр наIуэ къащI пэтми, зэгуэр иIауэ щыта дахагъэм и Iэужьыр иджыри и нэгум къищырт. Ар щымт, нэщхъейт, гупсысэ хьэлъэ гуэрхэм зэраIыгъыр къапщIэу, хэгупсысыхьауэ, кIыфIыгъэм хэплъэрт. ЗэгурыIуам хуэдэу, пщыхьэщхьэ къэс адэ жыжьэу щыт унэ зэтетым, а цIыхубзым ейм хуэзанщIэу къыщыщIэнэрт иджыри зы щхьэгъубжэ. Абы къыIутт илъэс пщыкIутху-пщыкIух нэхъыбэ зи мыныбжьын хъыджэбз щIалэ дыдэ. А хъыджэбзырт зэплъыр цIыхубзыр. Ар абы и щIалэгъуэм и гъуджэт. Абы и нэгу къыщIигъэхьэжырт и гъащIэ блэкIар, зэгуэр иIауэ щыта насыпыр, дахагъэр, гуфIэгъуэр. Абы игу къэкIыжырт уэздыгъэ цIыкIухэмкIэ гъэщIэрэщIа залхэр, IэгуауэкIэ къезыгъэблагъэу щыта цIыхухэр, и уэрэд гъэщIэгъуэнхэр. И гупсысэхэм а цIыхубзыр яхьыжырт а зэман дахэхэм, уэрэджыIакIуэ Iэзэу щыщыта илъэсхэм. Абы и макъым къыдэушырт нэхъ щIыIэ дыдэу къалъытэ псэри. А уэрэдхэр хущхъуэ яхуэхъурт зи гур псалъэ жагъуэкIэ къауIа цIыхухэм, гуфIэгъуэмрэ япэ лъагъуныгъэмрэ гъэр ящIа щIалэгъуалэхэм, бын лъагъуныгъэр япэу зыхэзыщIа анэ гумащIэхэм. УэрэджыIакIуэр егупсысыртэкъым езым унагъуэ зэримыIэми, щхьэгъусэ пэж и гъуэгум къызэрыщыхуэмызами. КъыщIэупщIэри куэдт, ауэ абы зилъагъужыртэкъым унэгуащэу, анэу. «Нэхъ иужькIэ, иджыри сыхуэхьэзыркъым…» - арат и псэлъафэр. Зэманыр зэрыкIуэри къыфIэIуэхутэкъым, ар цIыхубэм фIыуэ ялъагъу артист цIэрыIуэт, апхуэдэ гупсысэ лейхэм нэщхъей ящIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ауэ, зэрыхабзэщи, уи гъащIэр зэзыхъуэкIыну жьыр къыщыкъуэунур зыми ищIэркъым. Абы и гугъэнтэкъым, зэгуэр и узыншагъэм апхуэдэу къыхигъащIэу, жьыфэ къытригъэуэну. Уеблэмэ, и щхьэ Iуэху хуиту хуземыхуэжу, ар жьы хъуахэр щапIыж унэ-сымаджэщым къыщIэнэжын хуей хъуащ. Иджы, къыхуэнэжыр аращи, щхьэгъубжэм дэплъурэ, зи гъащIэр щIэзыдзэ хъыджэбз щIалэм кIэлъоплъ. Абы йохъуапсэ, игу къегъэкIыж апхуэдэу щIалэ дыдэу и адэ-анэм ягъусэу щыпсэуар, дунейм гуфIэгъуэ фIэкIа темыту къыщыщыхъуа зэманыр. Абы и пIэм къихутэжын папщIэ, сытри ищIэнт абы. «Е, бетэмал, а зэманым къигъэзэжауэ сиIарэт! Сэ сщIэнт си гъащIэр зэрызухуэнури, абы хэслъхьэнури, хэсхынури. Псори нэгъуэщIут зэрысщIынур» Ауэ, ар цIыхухэм ди щхьэр къызэрыдгъэпцIэж псалъэщи, уэшхым хокIуэдэж. УэрэджыIакIуэм и бзэр иджы хуиту мыпсалъэми, и гум иджыри уэрэд жеIэ, щIалэгъуэм и макъамэр тхьэкIумэм итщ. Аращ ар мы гъащIэм щызыIыгъри. И гупсысэхэр зэпауду, абы къыбгъэдохьэ сымаджэщым и лэжьакIуэ цIыхубз щIалэр. ЦIыхубзым и нэкIум ежэх нэпсхэм гу лъитауэ, абы IэплIэ къыхуещI, и щхьэ тхъуам йодэхащIэ, иужькIэ хуэмурэ гъуэлъыпIэм егъэгъуэлъыжри, уэздыгъэр егъэункIыфI… 
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр зыхуэплъэ щхьэгъубжэм пэж дыдэу къыкIэрытт хъыджэбз щIалэ дыдэ. Абы гу лъитэрт, пщыхьэщхьэ къэс жыжьэу уплъэмэ щыт унэхэм язым и щхьэгъубжэм къыдэплъ цIыхубз мыщIалэм. Ар зэм нэщхъейт, зэм нэщхъыфIэт, ауэ сыт хуэдиз зэхуаку ямыIэми, абы и плъэкIэ жаныр зыхищIэу къыщыхъурт хъыджэбз цIыкIум. Абы илъагъурт, пщыхьэщхьэ къэс абы зызэрахъуэкIыурэ хъыджэбзитI къыбгъэдыхьэурэ зэрыIуашыжыр, IэплIэ къызэрыхуащIыр, и щхьэм щабэу Iэ къызэрыдалъэр. Мис а дакъикъэрат псом хуэмыдэу зэжьэр пщащэ цIыкIур. Апхуэдэ Iуэхугъуэр щилъагъукIэ, езым и анэм IэплIэ хуищIу къыщыхъурт, унагъуэ иIэу къызыфIигъэщIырт, зыщIэсри и унэу и фIэщ ищIырт.
«АнэфI дыдэ къыщIэкIынщ ар, апхуэдэу щIым намыгъэсу и бынхэр къыщыкIэлъыплъкIэ», - егупсысырт хъыджэбз цIыкIур. Апхуэдэу жиIэ щхьэкIэ, езым ауикI хищIыкIыртэкъым «анэфIкIэ» зэджэр хэтми. Дэни щищIэнт?! Сабий сымаджэ къызэрилъхуар къыщищIэм, къыпэщылъ гугъуехь псом игъэшынэри, и бын закъуэр IэщIыб ищIат абы и анэм. Ар зэи абы и нэгу иплъатэкъым, ауэ, итIанэми, зэрыIуплъэу къицIыхужыну къыщыхъурт. Ар хуэныкъуэт анэ лъагъуныгъэм, сабий унэм къыщIинами, губжь лъэпкъ и гум хуилътэкъым. Хъыджэбз цIыкIум и гугъэр хихыжыртэкъым, зэгуэр иджыпсту здэщыIэ интернатым и бжэр Iуихыу, ар къызэрыщIыхьэнум, и пхъум щхьэкIэ и гур узу жиIэу зэрыщIишыжынум. Ар абы куэдрэ и нэгу къыщIигъэхьэрт. А гугъэрат ар мы дунейм тезыIыгъэри… «Куэдщ нобэ узэрыщытар, дахэ, иджы зыбгъэпсэхумэ нэхъыфIщ», - жиIэри абы къыбгъэдыхьащ интернатым и лэжьакIуэр. Хъыджэбз цIыкIур щхьэгъубжэ ягъэункIыфIыжам зэ еплъыжри, хэщIэкъукIыурэ и гъуэлъыпIэм хуэкIуэжащ… 
Мис апхуэдэу, пщыхьэщхьэ къэс зэдыщIонэ, а уэздыгъитIыр, абы пэплъэ пщащэхэм я гугъэр ямыгъэужьыхыжу. Дэтхэнэ зыри йогупсыс, хамэ щхьэгъубжэм насып, гуфIэгъуэ къыдихыу. Щхьэж илъагъуну зыхуейр – елъагъу… Уэ-щэ?! Уэ уи щхьэгъубжэм укъыдэплъмэ, сыт плъагъур?!

 

Поделиться:

Читать также: