ЦIыхубз щIалэжь

                                                                                                                                гушыIэ
                              Ещанэ Iыхьэ 
                             Дали и хъыбарыр
 - Хьэрф къэтэджыжакIэт. Ауэ «Дауэ зэрыгухьэр?» упщIэр зэрызэхихыу, лъы пэгун къракIыхам ещхьу, къэуцIыплъщ, ищIэр зэримыщIэжыр плъагъуу, екъури, «Iущыцэ» журналыр тIууэ зэгуитхъащ. «Мис мыпхуэдэущ!» - жиIэурэ, кофе къизыкIагъащIэ Iущыцэ цIыкIум трипхъэри, директорым и бостеищIэри, и прическэри, и шэнтри, и пыченэри… 
 - Еуа? – щIоупщIэ школыр зыхиубыдэ полицэ участкэм кърагъэкIа Зубер. 
- Хьэуэ, хьэуэ! Сыт жыпIэр? Журнал зэфIитхъар и пащхьэм иридзауэ аращ. Езы Iущыцэ зимыудамэ…
- Хьэрф хуэмыгъуэтыр сытыт? 
 - Си тхыгъэр зэпхъуэкIыжащ, - жи. 
 Зубер «Iущыцэ» журналыр зэтредз, къызэтредзыж:
 - Дэтхэнэра? 
 Дали къыщолъэтри, Хьэрф сабийхэм яхузэхилъхьа таурыхъыр ирегъэлъагъу. 
- Географиеращ зэрыригъаджэри, цIыкIухэм псысэ яхузэхилъхьэурэ, дрегъэхьэх, и гуэныхь сыхуейкъым. 
- «Мазэм улъатэмэ», Борэн Iущыцэ, - макъкIэ къоджэ хабзэхъумэр. - Мыр Хьэрфкъым зейр, Iущыцэщ!
- Адрейхэм еплъыт! 
- Борэн Iущыцэ… Борэн Iущыцэ… Борэн Iущыцэ… Псори Iущыцэщ зытхар! 
 - Псоми и цIэр якIэщIитхауэ аращ.
 - Апхуэдэ щыIэ? 
- Сыт щIыщымыIэр, удиректормэ? 
- Абы зэреджэр «плагиатщ». 
 - КхъыIэ, Зубер! А псом Iущыци Хьэрфи зыри хащIыкIыркъым. 
 - Сыт-тIэ Хьэрф зыхуейр? Си цIэр кIэщIэптхакъым, жиIэу арат? 
- Хьэуэ, зиунагъуэрэ! Илъэс еплIанэр йокIуэкI мы журналыр къыдэдгъэкIын зэрыщIэддзэрэ! Зэритхам хуэдэу къызэрытрамыдзаращ игу къеуэр. ЗэIигъэхьэу къыфIощI. Сабийхэм географием ягу щегъэкI, жи. Тхыгъэ щхьэкIэ апхуэдизу укъыщIэцыджынур… 
- Ахъшэ къыватрэ мыбыхэм щхьэкIэ? 
- Делэ хъуа? ЕгъэджакIуэ улахуэм хагъэкI журналым иримыкъур. 
- ИтIанэ-щэ? 
- ИтIанэ сабийхэм иращэ…
- КъыщIэкIыр адрей журналым ирикъужрэ? 
 - Хьэуэ, бжызоIэ! Мазэ къэс улахуэм хагъэкI. 
 - ЦIыху дапщэ фыхъурэ? 
- Зы щэщI хуэдиз. 
- Журналым къыщIэкIыр и жып ирелъхьэ, къыкIэлъыкIуэ мазэм ирагъэувэну тхыгъэхэри фотх, и уасэри щIэрыщIэу зэхыволъхьэж? 
- Бюрократие, си къуэшыжь! ЛIо пщIэнур? Сэ а къомым си Iуэху хэлъкъым. Си цIэр зыщIыпIэ деж къыщыхэщынуи сыхуейкъым. 
 - Уэра инстаграмым къизылъхьэу изыхыжар? 
 - Делэ сыхъуа? – и нэхэр щIрегъэлъафэ «ихыж уасэр» къызыIэрыхьа Дали. 
- АдэкIэ къэхъуар жыIэжыт! – хабзэхъумэм и бохъшэр къызэрырихыу,
Дали зэрыфилологыр къищIэжащ. 
 - ИщIар къызэрыгурыIуэжу, Хьэрфу пщIэр щIэщтэжри, журнал напэхэр къищыпыжу хуежьащ. «Къысхуэгъэгъу, Тхьэм щхьэкIэ!» - жиIэурэ, напэкIуэцI щэщIрэ тху хуэдиз къищыпыжат. АрщхьэкIэ Iущыцэ къыщылъэтщ, Хьэрф и Iэр иджыри здынэмыса напэ тIощIыр зэ Iэбэгъуэм топым ещхьу зэкIуэцIиупIышкIуэри, Хьэрф и щхьэм фIэпкъутыхьынумэ, къеблагъэ.  
4
- Сыт мыр? – Iущыцэ и зыгъэгусэм иджыри IэфI щIэлъщ. 
- Заявленэщ, - Хьэрф и фIэщу IукIыжыныгущ. - Сэ... сылейщ. 
- Сэрами пщIэркъым лейр.
Зыри жимыIэмэ, нэхъыфIщ. 
- Синэ-щэ? 
- Ар ирелажьэ. 
- Уэ сыт, абы естыр пшхыуэ ущIэсыну ара? 
- У-Алыхьу жумыIэ! 
- Сымы-Алыхьми, сыкъэралщ! Си пIэ уиту къызыщыгъэхъут! 
 - Алыхьым жимыIэкIэ! Бэзэрым утетми нэхъыфIщ абы нэхърэ. 
- Гъуэгу махуэ! Уэ пхуэдэ романтик уIэгъэхэм нэхърэ сигу нэхъ темыхуэ цIыхухъу лIэужьыгъуэ къигъэщIынтэкъым Алыхьталэм. 
- Темыхуэмэ, мис, сыIуокI! 
- Щыгугъ уэ абы, илъэсым и кум узутIыпщу, егъэджакIуэншэ зысщIыну? Учебный годыр иухмэ, пэжалустэ! «Республикэм лэжыгъэ дэлъкъым!» - жаIэу, къавэу дэт гупым яхыхьэ, цIыхум ущемызэгъкIэ. 
- Хэт сызэмызэгъыр? Стхам ухэмыIэбэ жысIэмэ, сыхьэкIэкхъуэкIэу ара? Сэри…
- Сыт, уэри? КIуэи тхьэусыхэ! Зэспэсу си цIэр кIэщIэстхэмэ, гуфIэ! – Iущыцэ къыщылъэтащ. – Сэра судым уезытын хуейр, хьэмэ уэра? Уи фызым еуи еплъыт журнал зэфIэтхъакIэ? Хьэмэ уи пхъум? КIуэи лажьэ, куэд жумыIэу! Къэралым илъэситхукIэ уригъаджэу илъэс щэщI хъуауэ улахуэ къущIитыр уи техьэ-текIым дэджэрэзын щхьэкIэкъым. Зыкъыстегъахуи, сыхэIэбэжынкъым! Сэри си щхьэ пщIэ хузощIыж. «ТIум тIу хэплъхьэмэ, тху къыщIокI», - жыпIэу птхымэ, си Iэр зэтедзауэ сыщысын уи гугъэу ара? 

ЗэрамыутIыпщынур къызыгурыIуа Хьэрф ищIэнум йогупсыс. 
- Еуэ-тIэ, баз дызэпигъэхьэ! 
- Дапхуэдэу? – Iущыцэ и мылыр IэщIоткIухь. 
- Мазэ къакIуэ къыдэдгъэкIыну журналым «тIум тIу хэплъхьэмэ, тху къыщIокI» жиIэу хэзгъэувэнщи, хэудыж. Къэбгъуэтрэ - сылэжьэху «Iым» жысIэнкъым. ПIэщIэкIрэ – афIэкIа зэи си тхыгъэм ухэIэбэркъым. 
- Еуэ, сыарэзыщ! 
Iущыцэ бжэмкIэ щIокIиикI:
- Дали, къакIуи базыр зэпыуд! 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: