Спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ зэпоуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу иджырей спорт лIэужьыгъуитхумкIэ зэхьэзэхуэхэм хэтхэм Новгород Ипщэм иджыблагъэ щекIуэкIа урысейпсо зэпеуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызэIэрагъэхьащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ Урысейм Иджырей пятиборьемкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм.
 Пятиборьем хыхьэ спорт лIэужьыгъуиплIымкIэ – псы есынымкIэ, фехтованиемкIэ, къызэдэжэнымкIэ, лазер кIэрахъуэхэмкIэ нэщанэ еуэнымкIэ - екIуэкIа зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь очкоуэ 3607-рэ иIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр къихьащ. Гупым хэтщ Воронин Артём, Трещев Всеволод, Кубаев Сабыр, Iэпщэ Темболэт сымэ. Илъэс 17 - 18 фIэкIа мыхъу щIалэхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ къызэрахьыфар икъукIэ узэрыгушхуэнщ.
ЕтIуанэ хъуащ Краснодар крайм и командэр, ещанэр Санкт-Петербург икIахэрщ. 
ИпэIуэкIэ илъэс 13 - 14 хъухэм я деж спорт лIэужьыгъуитIкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм ди щIалэхэми хъыджэбзхэми етIуанэ увыпIэхэр къахьащ. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:

Читать также: