БаскетболымкIэ дынэхъ лъэщщ

ЕсэнтIыгу къалэм махуищкIэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм баскетболымкIэ ирагъэкIуэкI «Локобаскет – еджакIуэхэм я лигэ» зэхьэзэхуэм и кIэух запеуэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы хэтащ Налшык къалэм и спорт еджапIэ №2-м и командэр. Ди щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыхэт командитIми егугъуу зыхуагъэхьэзырат а зэхьэзэхуэхэм, ауэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIар иужьрейхэрщ. Ди пщащэ цIыкIухэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэ псори я хьэрхуэрэгъухэм къыфIахьащ икIи япэ увыпIэр яубыдащ.
Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ Кушбокъуэ Эрминэ. Къул Амелие къыхуагъэфэщащ и джэгукIэкIэ командэм щынэхъ лъэщ дыдэ цIэр.
Баскетбол топыр кIэрзинкIэ фIэщIам идзэнымкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Бережная Софие зыри къыпэлъэщакъым.
Иджы ди командэм къыпэщылъщ мэлыжьыхь мазэм Краснодар къалэм щекIуэкIыну «Локобаскет – еджакIуэхэм я лигэ» Урысей чемпионатым хэтыну.
 «Локобаскет – еджакIуэхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтхэр курыт еджапIэхэм я 7 - 9-нэ классхэм щIэсхэрщ. Ар ирагъэкIуэкI «Баскетболыр - школхэм» урысейпсо пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, «Урысейм и гъущI гъуэгухэр» АО-мрэ, «Локомотив – Кубань» ПБК-рэ дэIэпыкъуэгъу къахуохъу икIи мылъкукIэ зыкъыщIагъакъуэ. 

 

 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: