Хывхэр

Хъыбар кIэщI

ПщIантIэ зэв кIыхьым хыв гуп зэкIэлъхьэужьу къыдокI. Фэ Iувыр къызэпхачыну къоныкъуэкъу жыпIэнщ, лъакъуэр зэблахыху тхыцIэм къытридзэ дзажэ зэкIэрыблэр щыплъагъукIэ.

Хывхэр езыр-езырщ, щыхуейм докI, щыхуейм дохьэж - зыми къилъыхъуэркъым. Вэсэмахуэ бгъу хъууэ щытащ - зым къигъэзэжакъым. Нэхумыщым ШэдыгъуеймкIэ драгъэзеинурэ лъапэ нэху ялъагъуху абдежым щызэхэсынущ. Зэпкъауи-зэщхьэуи яхэткъым абыхэм, щIэуэркъым я жьэпкъ къудейр - джий нэщIым сыт къижьэгъуэшхын… ЩIымахуэ дыгъэ бзий писыкIыр къуршыщхьэм зэрыщхьэщыхьэу, гупым я пашэм хьэлъэу зыкъеIэтыжри, а зэрыдэкIуея лъагъуэ дыдэм тету кърагъэзыхыж.

Щхьэ щIэпхъуэу емыжьэжрэт ахэр? Щхьэ Iэлу щIэмыхьэжрэт а япэгъунэгъу екIэпцIэ мэзым? Хьэуэ, кIуэжынущ зэкIэлъхьэужьу жьыр щыпэкIу чэт зэпэгъуаниблым фIэкIа зыдэмыт, Iус Iэбжьыби къащыпэмыплъэ пщIантIэжьым. КъэкIыгъэ нэхъыбэ теткъым дунеижьым, цIыхур зэгъуэкIмэ, щIы хъурейр щIиуфэн къудейуэ. Абы щыщ зы Iэмбатэт иджыпсту хыв тхьэмыщкIэхэм ямыгъуэтыр. Къуажапщэ дэзыгъэзейм щыбгъуэтынтэкъым а пщIантIэ бгъузэ кIыхьым дэт унэ цIыкIум хуэдэу толыщхьэ зытелъыжрэ чы бжыхькIэ къэщIыхьарэ, дэлътэкъым нэхъ хуабагъэрэ арыхьмэтрэ зыщIэлъ уни: захуэу я сэман чырбыш блынхэм ущызэкIэщIэплъу сыт щыгъуи сэху етат, чы бжыхькIэ къыхэгъэщхьэхукIа бжэIупэ тIэкIур зэщIэпхъэнкIарэ, псыр сатыр дахэу иутхэжауэ. ПсыхъуэмкIэ гъэза блыным жыгышхуэ къегъэщIащ. Иджыпсту, щIымахуэм, абы и къудамэхэм хьэщхьэтеуэм зыдагъэш, ауэ гъэмахуэкIэм, джабэплъ хъужауэ, шэфтал хъуам кърищIыкIэхынущ. Абы и жьауэм щIэт шэнт щхьэгуэ цIыкIум Нанэр тетIысхьэнурэ, махуэ псом дыжэу кIэщIэсынущ. И ныбжьыр хэкIуэта пэтми, абы мастэнэкIэ къытекIуэн хьэблэм дэскъым жаIэ… Абы къыпэрыкIынурэ, хывхэм я къыдыхьэжыгъуэм тулъкIэ цIыкIумкIэ нартыху фалъэ хывхэм яхузэтриудынущ. Абы еса хывхэм, хэIуеикIыу, я щхьэр Нанэм кIэралъхьэ, зыщахъуэ, модрейми зы хыв темылъэщIыхьу щIигъэхьэжыркъым…

Шыгъуэгу хадэм кърих нартыху тIэкIур Iэпэлъапэр пичу зы мазэ ярикъу къудейщ хьэрэхэм. Нанэм и щIалэ закъуэр, ныбжь хъарзыни зиIэр, гъэмахуэм мэкъу еуэу и хабзэтэкъым. Нарт хуэдэ, мо Iэчлъэчышхуэр езым иухуа хабзэм, адрей цIыху псомкIи мыгурыIуэгъуэм тету псэурт: гъунэгъухэм зэрепсалъэ щыIэтэкъым икIи якIэлъыкIуэртэкъым. Езым и нэфI зыщыхуэ закъуэтIакъуэхэм яхуэфIт икIи яхуэпэжт. Дунейм и щэху псоми хэплъэу, дэзыхьэхын лъэпкъ зэрыщымыIэр къыгурыIуа нэужь, зыри хуэмейуэ тIысыжа хуэдэт Хьэмидбий. И анэмрэ и хывибгъумрэт абы дунейуэ иIэр, итIанэ, сабий цIыкIухэмрэ хьэхэмрэ… Зы пщэдджыжь къэмынэу Налшык кIуэрт ар, япэу къуажэм къыдыхьэ автобус закъуэм ису. ЩIэкIуэри здэкIуэри зыми ищIэртэкъым, зыжриIэни дунейм теттэкъым. Автобусым итIысхьэу щIалэ гурбияныжьхэр къыщехъурджауэм деж, жэуап щхьэкIэ и жып иIэбэртэкъым ар, дэни къриха жыпIэу, зы псалъэ Iущ закъуэкIэ псоми я жьэр яригъэубыдыжыфырт. Iуэху гуэрым пэрыгъэуви, ар зыхэмызагъэрэ абы и IитIым ямыщIыфрэ къэгъуэтыгъуейт, ауэ абыкIи зыхуэупсэхэр щхьэхуэт. … Зы сабийрэ зы хьэрэ ятемылъэщIыхьу, псалъэ гуапэ яжримыIэу блэмыкI цIыхур апхуэдизу цIыху балигъхэм я бий щIэхъуар къэщIэгъуейт.

Мэкъу емыуэмэ, хывибгъу зэрищIынур сытыт? Щхьэ игъэхъурэт, щIымахуэ къэс я гуэныхь къихьу? ЩIымахуэ жэщыр хигъэкIуатэрти, ежьэрт ар Iэщым я шхын къиугъуеину. Мыхъур щыхъужыр къуажэм пыIудзыпауэ щыIэ кIэлъхоз силос мащэжьырт. ХъумакIуэхэм я щхьэукъуэгъуэм зригъэхьэлIэрти, къэп гъуэжьыжьым из и плIэм илъу хывхэм а жэщым зыIуралъэфыну мащIэр къахуихьырт, щIымахуэр жьычрэ, цIыхухэр Iэпэлъапэм щепщэ уаегъуэм ирихьэлIэу. Гъунэгъухэм мэкъу Iэмбатэ куэбжэпэм къыщыхуагъэтIылъи къэхъурт, хывхэм я гур щIэгъуу, ауэ ари илъагъумэ яхуидэнутэкъым. Зы гъэ къэмынэу езыми хывхэми а бэлыхьыр ятелъ щхьэкIэ, зы Iэмал зы цIыхум хуагъуэтыртэкъым ар а зытетым текIыу мэкъу гъэтIылъыгъэ и чэзум ищIыну. Зыгуэрым хуэмыфI щыIэкъым - си Iуэхути абы къыщыгъэгъупщи жьы хъуа и анэм и шхыныр.

 Махуэ къэмынэу абы Нанэ зипэ-зипэкIэ къыхуихьырт и гум къыпылъадэр, а ифIэфI булъкIэ щабэр щIыгъуу.

- Зы нысэ диIатэмэ, нэгъуэщI сыхуейтэкъым, - темыгушхуащэу, булъкIэм епэщэщ хуэдэурэ, щIэмычэу иреIуэкI Нанэм и къуэм.

- Ари зыгуэр хъунщ, - «Хъуэжэ и пщэдейуэ», абыкIи а зытетым тетщ Хьэмидбий. - Умыгузавэ, ди анэ, мо къалэм сызэрынэсу, зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу зэхэткIэ. Уимыгугъэ хьэблэм дэс мо кIэлалэхэм хуэдэ къэсшэну. Уэлэхьи, мо щIалэ пыIэхуабэжьхэр Дохъушыкъуейм еувалIэри, зы хуэмыху къыдамынэху мыувыIахэ. Хьэм иушх езыхэри я фыз къыхэхыкIэхэри…

Уэркъ я уэркъыжым къыхэкIа нанэ нэхутхьэху дахэм щхьэфIэпхыкI фIыцIабзэм и кIапэр плIэм иридзэкIынти, макъкIэ къыхидза пшынэм и IитIыр дэхуарзэу утыкум къихьэнт. Дэни кIуэрэт а дакъикъэхэм абы и ныбжьри, и гур зэрыгъухэри?..

- Ей, фыкъеплъыт, мис мыпхуэдэущ сыкъызэрыфэнур си Хьэбий къишэмэ…

Ерэхъурэ хъункIэ кърашэкI нанэр илъэс бгъущIым нэсат, езым нэхъ насыпыфIэ щымыIэу зыкъилъытэжу. А пэш цIыкIу закъуэм гугъэмрэ гъащIэмрэ зыщаубгъум-зыщаубгъуурэ, пэжри шыпсэри щызэхэзэрыхьыжат, псэм зыщигъэпсэхурэ, нэгъуэщIи къимылъыхъуэжу. Езыр анэт, модрейр анэр гугъэ защIэкIэ зыпI къуэт.

- Унэ къебгъэжьауэ пщIыуэ зэхэтхаи, - адрей къыбгъэдэтхэм нащхьэ яхуещI псалъэмакъ мышыур къыхэзыдза щIалэжьым, автобус къэувыIэпIэм тет Хьэмидбий хуеплъэкIыурэ, езым шыбэр къихуу мыдрейр къыкIэрыхуам хуэдэу. Хьэмидбий апхуэдэхэм зыри япидзыркъым, и гъуэгу тетщ. Абыхэм я ауан унэ тешэ цIыкIур ирихынурэ, къэмыхъуауэ унэ зэтети ищIынущ.

- Еплъыт, Тотэ, мы къэсхьам, - анэм IэщIелъхьэ пкъыгъуэ зэпэплIимэ дахэр.

- Мис мы цIыхум ямылъэгъуамкIэ къисщIыкIынущ сэ сщIыну унэр. Ар ягъэлъагъу мы хьэблэм дэс жьэIурыхухэм…

Хьэмидбий и фыз къэшэкIэм хуэдэт и унэ щIыкIэри, ауэ абы и псалъэхэм шэч къытезымыхьэу щыIэр и анэ закъуэрт. Къуэри, зэресауэ, и анэр зы махуэ гуфIэ щигъащIэртэкъым - насыпыфIэт тIури. Зэманыр апхуэдэу кIуэурэ Нанэр дунейм ехыжащ. Абы иужькIэ, фIыуи псэужыну хунэсауэ, кIэлъыкIуэжащ и къуэри. Къэнар хыв гупырт. Апхуэдэ ухыгъэм ахэр хуагъэхьэзырами я лейуэ, кIуэ пэтми нэхъ бэшэчыж хъууэрэ кIуэрт ахэр: гъэмахуэ псом губгъуэм щыхъуакIуэрт, щIымахуэр а зэресам тету ирахырт, цIыхум къыхуащIэнуми щымыгугъыжрэ, Iэл хъуахэу, ауэ зы пщыхьэщхьэ къэмынэу пщIантIэжь нэщIым зэкIэлъхьэужьу кIуэжырт. Зэ зы хывыр, зэм адрейр кIэрыхуурэ икIэм кIуэдыжыпащ ахэр. Абы иужькIэ къуажэм зэи зыми хыв щилъагъужакъым - иужьрей хьэрэт ахэр.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться:

Читать также: