АнэнэпIэс

Къэхъуа хъыбар

- Сэ сыанэнэпIэсщ… ЦIыхум и гум фIы щыщIэркъым «анэнэпIэс» псалъэр щызэхихкIэ, «АнэнэпIэсыр уэсым нэхърэ нэхъ щIыIэщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ» псалъэжь пхъашэр къэзыгупсысари гущIэгъуншэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар хэт зэхилъхьами, щIагъуэ лъэпкъ дилъэгъуакъым мылъхуанэм. Сэри апхуэдэу цIыхухэм сакъыщыхъуу пIэрэ?.. Си кIуэцIыкIыщIэ къимыкIами, быниплI - щIалIищрэ зы хъыджэбзрэ - зэрысхузэфIэкIкIэ си щхьэгъусэ етIуанэм дэспIакъэ?! Унагъуэ зырызу ахэр згъэтIысыжакъэ? Сахуэсэкъакъэ? ФIыуэ слъэгъуакъэ? Хьэмэрэ, сэ къысхуэмыщIэжми, абыхэм языхэзым игу къинэн гуэр и жагъуэ сщIауэ пIэрэ?

ХъыджэбзитI, япэ щхьэгъусэмрэ сэрэ зэдэдгъуэтауэ сиIэти, тIури дунейм ехыжащ. Нэхъыжь Лидэ сабиитI къыщIэнащи, я анэм и фэеплъу ахэращ си гурыфIыгъуэр. Акъылэгъуу, щхьэгъусэфIу къызбгъэдэта си Беслъэни щыIэжкъым. Сэ пIэхэнэ сыхъуащи, дунейр сфIэIэфIыжкъым.

Гупсысэ бзаджэхэм зэщIаубыда Сарэ гу лъитакъым и нысэ нэхъыщIэр къызэрыщIыхьам.

- Мамэ, дауэ ущыт, зыгуэр ухуей?

Фызыжьым и щхьэр блынымкIэ ирихьэкIщ, и нэпс къекIуахэр гъэпщкIуауэ щIилъэщIыкIри, къыщIыхьам жэуап иритащ:

- Артур къысхуищэхуа удз зэхэлъхьам щыщ къызэт. Абыхэм си щхьэ узыр нэхъыфI ящI.

Къэрэжан, щIалэ нэхъыщIэ Артур и щхьэгъусэм, гуащэм и лажьэр къыгурыIуэрт. Дохутырым зэдэлъхузэшыпхъухэм къажриIат уз Iейм иубыда Сарэ и щхьэ куцIыр куэдрэ зэрымылэжьэфынур, ар егъэлеяуэ къызэреузынур, гукъыдэж лъэпкъи, зэрыгурыIуэгъуэщи, къызэрыримытынур, абы къыхэкIыуи, тэмакъкIэщI, гурыщхъуэщI сымаджэр зэрыхъунур. Абы хузэфIэкI зыри къигъэнатэкъым, Сарэ игъэхъужын щхьэкIэ, арщхьэкIэ узыр хэтIэсат. НысащIэм имыгъэщIэгъуэн лъэкIыртэкъым бэлыхьыр зи псэм телъ Сарэ зэи зэрымытхьэусыхэр, бэшэчу, Iэсэу узыр зэрызыхуигъэшэчыр.

ГукъэкIыжхэм зыщIаубыда сымаджэм игу къихьащ, хуэсакъыпэу зэрихьэ и сурэтхэм еплъыну.

Сарэ альбомыр къызэIуихри, япэ дыдэу зыIуплъар и пхъуитIрат. Нэпсхэр хуэмыIыгъыу къыщIэжу, лэжьыгъэ хьэлъэм пхъашэ ищIа и Iэ хужьхэмкIэ Iэ дилъэурэ, сурэтым щэхуу еIущащэрт:

- Сыту фыгъащIэ мащIэхэт, си хъыджэбз цIыкIухэ. Фи адэм тIуанэ къыстрищIэу гугъу сригъэхьами, фэ тIур фыкъызитащ. Си бын щыпэлъагъуу, си нэ пIащэу Ларэ, илъэсий къудейщ уэ дунейм узэрытетар, сымаджэ ухъури, узым куэдрэ уигъэпсэужакъым. Уи шыпхъу нэхъыщIэ Лиди и ныбжьыр илъэс тIощIрэ хырэ фIэкIа мыхъуу уз хьэлъэр къебгъэрыкIуэри, сыгъуэгыурэ ныпкIэлъыкIуащ.

Альбомыр къызэрегъэдзэкIри, балигъыпIэ иува Лидэ и сурэтыр къещтэ:

- Сыту уIэщабэ-Iущабэт, ущэныфIэт, ухьэлэлт уэ, си гу махэ цIыкIу! Умыгузавэ, куэд дэмыкIыу уи деж сынэкIуэнущ. ТIэкIу къызэжьэ. Си сабийхэр дауэ щыт жыпIа? ЩIалэр хъарзынэщ, ауэ хъыджэбзыр... Иджыри къэс сыпсэуащ, ар хъужын си гугъэу, арщхьэкIэ гурыIуэгъуэщ и Iуэхур. ФатIимэ сымаджэ цIыкIу мыгъуэщ, абы и хущхъуэгъуи, дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, дунейм теткъым. Малъхъэм щхьэгъусэ къишэжри, абы щIалэ дигъуэтыжащ. Псалъэжь пхъашэм хуэдэу жаIэ уи бынитIым къыхуашэжар, куэдри гуауэщхьэуэ срихъуащ абы, ауэ сыт сэ схузэфIэкIынур? Сэ езыр, абы хуэдэу, сыанэнэпIэсщ.

КъыкIэлъыкIуэ сурэтым итыр мылъхубынхэрт. Ахэр зэгъусэу анэ лIам и хьэдэм щхьэщытт, мыдэкIэ Беслъэн къыщытт. Зауэ зэман нэужьт. Адэр тхьэмыщкIагъэм игъэжэбзауэ гъурыкIейт, бынхэм я теплъэр нэхъ мыхьэнэншэжт. Лъхугъэ нэужьым Розэ «гъуэжь уз» къыпкърыхьэри, абы илIыкIат. ЩIалэ нэхъыщIэр илъэсрэ ныкъуэрэт зэрыхъур. Сабий къалъхуагъащIэри анэм мыгувэу кIэлъыкIуащ.

«Анэ… Сыт щыIэ абы и лъэщагъым пэлъэщын?! И хуабагъым текIуэн?! И IэфIагъым хуэдэу псэм нэхъ къедэхащIэ?! Зыри! Си нэгу къыщIоувэж сабий зеиншэхэм япэу сащыIуплъа дакъикъэр. Абыхэм я нэгум къищ насыпыншагъэр пхуэмыIуэтэным хуэдизт. Адэ шыпхъуиплIыр къатегужьеикIауэ дэлъху закъуэ бынхэм къахуэсакъми, анэм и къалэныр абыхэм нэсу яхуэгъэзащIэртэкъым. Псори унагъуэшхуэ зырызт. «Щхьэгъусэу укъыхызохри, си бын зеиншэхэм анэ уахуэхъуфыну?» - жиIэу щIалэ лъагэ екIу, нэ къуэлэн гуакIуэ, Псыгуэнсу къуажэ щыщ Семэн Беслъэн зыкъыщысхуигъазэм, «хьэуэ» схужеIакъым. Арати, гугъэм гущIэгъур щIыгъуу Семэнхэ сахыхьащ. Лидэ цIыкIуу сщIыгъут. Сабийхэр зэмызэгъмэ, жысIэу сыгузэвами, ахэр зэрызэщхьэщидзышхуэ щымыIэу зэныбжьт, си пхъур хьэл зэгъти, зэдэлъхузэшыпхъухэм ящыщ зы тыншу хъуащ», - гукъэкIыжхэм хэтщ цIыхубзыр.

- Беслъэн… (и сурэтыр къещтэри и Iупэм хуехь). Сыту фIыщэу дызэрылъагъурэт дэ! Ди лъагъуныгъэм зридгъэщIагъуэу, ди зэхуэдэ быну фIэкIа къэдмылъытэ Валери, Алики, Хьэужани, Артури, Лиди зэгурыдгъаIуэу гъащIэ дахэ къэтпсэуакъэ?! Умыгузавэ, Беслъэн, уэ узимыгъусэжми, абыхэм къыстегужьеикIауэ сызэрахьэ, фIыуэ сыкъалъагъу; уи къуэрылъху-пхъурылъхухэри апхуэдэущ къызэрысхущытыр. Уеблэмэ сабийхэм я анэшхуэ дыдэу фIэкIа сыкъалъытэркъым, IэплIэрэ бакIэ сыщIагъанэ, къызэрызэджэхэри «бабэ фо»-кIэщ». Ауэ псом хуэмыдэу къысхуэсакъыпэр си куэщIым испIыкIа ди щIалэ нэхъыщIэрщ - Артурщ. «Мамэ, сыт ухуэныкъуэ? Мамэ, сыт нэхъ уигу къихьар?» - жимыIэу махуэ щIагъуэ дэкIыркъым абы. Сыт и уасэ апхуэдэ гулъытэр сэ схуэдэм дежкIэ?! Ауэ… уэ пхуэдэ хъунукъым зыри. Дапхуэдэу фIыуэ бынхэмрэ нысэхэмрэ сыкъамылъагъуми, дахэу къысхущымытми, уэ пхуэдэу зыми игу къысщIэузынукъым, зыми си гуауэр зыхищIэнукъым, зыми си гущIагъщIэлъхэр схужеIэнукъым. Сыпщхьэщыту напIэзыпIэм уи псэр зэрыхэлъэтрэ илъэсиплI дэкIами, а махуэр нобэ хуэдэт. Зэманым узыр нэхъ махэ ещI, жыхуаIэри пцIыуэ къызолъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зыхэсщIэу а дакъикъэ лъандэрэ си къарур хощI, сохуэхри зыкъэсIэтыжыфыркъым. Иджы пIэхэнэ дыдэ сыхъуащ. Iэрызехьэ хъуа фызыжьым хэт хуэныкъуэр? Мы си гукъэкIыж сурэтхэри зэрадзэу къуэгъэнапIэ гуэрхэм дэмылъыну пIэрэ? - йогупсыс, нэхущ пщIондэ зи напIэр зытезымылъхьа Сари, асыхьэтым зэдэхащIэу иIыгъа сурэтхэр цIыкIу-цIыкIуу зэфIетхъ.

СЕМЭН Iэсият.
Поделиться:

Читать также: