Владивосток макIуэ

Мэзкуу къалэм и «Олимпийская деревня-80» спорт ухуэныгъэм иджыблагъэ щекIуэкIащ УФ-м и къалащхьэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ бэнакIуэхэу зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэр.

Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр икIи медалибл абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм ди щIалэхэм ящыщу япэ щыхъуащ ТIэхъу Дамир (кг 60). Дыжьын медалхэр къахьащ Бекъул Тамерлан (кг 42-рэ), Къущхьэ Айдэмыр (кг 60), Уэртэн Руслан (кг 65-рэ), Къэблахъуэ Нодар (кг 92-рэ) сымэ. Бекъул Маратрэ (кг 51-рэ) ЗэращIэ Амиррэ ещанэщ.

Ди щIалэхэр хэтынущ Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 7 – 9-хэм Владивосток щекIуэкIыну зэпеуэм.

ХЬЭЩIЭХУЭФI Даут.
Поделиться: