Iуащхьэмахуэ и псысэ

Дунейр псыкIэ щикъутэжым щыгъуэ, Нухь бегъымбарым и кхъухьыр гъуни нэзи зимыIэж хы гущIыIум къытенауэ щытащ. Зэман зыбжанэкIэ псым тетащ ар. Кавказ къурш екIуэкIхэр зэлъигъэIэсащ, Iуащхьэмахуэ жьэхэуэху. АдкIэ Нухь бегъымбарым и кхъухьыр мыкIуэжыф хъуащ, икIи Нухь Iуащхьэмахуэм табущхьэщэщкIэ елъэIуу щIидзащ къуршым щхьэдигъэхыу адэкIэ иутIыпщыну. АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ ауи идакъым. ИтIанэ пщIэншэу лъаIуэурэ еша Нухь бегъымбарым жиIащ:

 – СумыутIыпщыну щытмэ, Тхьэм селъэIун хуей хъунущ.
 – Тхьэм хуит уищIыпэу щытми, сэ узгъэкIуэнукъым, – жиIащ быдэу Iуащхьэмахуэ.
Нухь бегъымбарыр Тхьэм гуащIэу елъэIуу хуежьауэ, плъэри илъэгъуащ кхъухьым хуэм-хуэмурэ Iуащхьэмахуэ и щыгум триIуэнтIауэ, къурш мывэ иныр щIэтхъэу, Iэуэлъауэшхуэ ищIу къэкъутэу, къуршыр тIууэ зэкIэщIитхъыу. Арати, дэхыпIэ иIэ хъуащ. Кхъухьыр зыIущIэ псор зэтрикъутэу ежьэжащ, Iуащхьэмахуэ и адрей лъэныкъуэу гъуни нэзи зимыIэж хыми техьащ. Дэнэ лъэныкъуэкIэ умыплъэми, плъагъур толъкъун къэукъубеяхэмрэ уафэ къащхъуэмрэт. Кхъухьыр щIыр къыщIэщыху хым есу тетащ. Iуащхьэмахуэ и лъапэм щыпсэуа цIыхухэм, псым имытхьэлэу къелахэм, Нухь бегъымбарыр къэзымылъытэу щытахэм, Iуащхьэмахуэ и щыгу зэхэчэтхъар щалъагъум, Нухь гущыкI хуащIащ, абы нэлат зэрырахым и щыхьэту, кхъухьым дэкIыпIэу ищIам егъухэу щIадзэри, дэкIыпIэр зэтес хъужыху егъуахэщ. Ар Тхьэм игу ирихьакъым, а цIыхухэм гужьгъэжь яхуищIащ. Ахэр къанэ щымыIэу Тхьэм нэф ищIащ. Хьэфиз хъухэри къапщыхьу къэнащ.
Ахэр зэм кхъухьым и дэтхъупIэм, зэми Iуащхьэмахуэ и лъапэхэм къыщапщыхьурэ зэтелIэным нызэрыхьэсащ. Зэгуэрым абыхэм ящыщ зы лIыжь гуэрыр Iуащхьэмахуэ и щыгу дыдэм дэпщащ. Абы къыздипщыхьым и Iэм щабэу зыгуэр къыпэщIэхуащ. ЛIыжь нэфым къыпэщIэхуа щабэр и пэм ирихьэлIэри, мэ гуащIэ гуэр къыщIихьащ. Ар зэриIыгъа и Iэр и нэм ирихьэлIэри щыщихуэм, мыр сыт телъыджэ – и нэр къэплъэжащ! ЛIыжьым пIащIэу а Iэ дыдэмкIэ адрей и нэм еIусэри, ари къэплъэжащ.
ГуфIэгъуэм зэщIищта лIыжьыр лъэтэным хуэдэу псынщIэу и Iыхьлы нэфхэм я деж къигъэзэжри, и нэхэр къызэрыплъэжа щIыкIэр яжриIэжащ. Хьэфизхэр къэпIейтеяуэ, зыр зым и ужь иту Iуащхьэмахуэ и щыгум дэпщащ. Бэлыхьыр ятелъу, къыр дзакIэ жанхэмрэ щыхупIэхэмрэ Iэмблъэмбу якIуащ, ауэ зи нэр къэзыгъэплъэжыну щIэкъухэм зыхащIэ щымыIэу Нухь и дэтхъупIэм деж нэсащ, абдеж телъ мывэ тыкъырхэр езыхэм я IэкIэ къащтэм, я нэхэм щахуэурэ псоми я нэхэр къэплъэжащ. Апхуэдэурэ я нэхэр ирагъэхъужын папщIэ, а мывэ тыкъырхэр зэщIакъуэурэ езыхэм я IэкIэ Нухь и кхъухьым и дэтхъупIэр ягъэкъэбзэжащ.
ИкIэм-икIэжым, къанэ щымыIэу мывэхэр зэщIакъуащ, ауэ нэф псори хъужатэкъым. ИтIанэ мыдрей къэнахэр Iуащхьэмахуэ и щыгум дэпщхэри, мывэхэр псыкIэ ятхьэщIурэ, а тхьэщIэпсхэмкIэ я нэхэр ятхьэщIурэ загъэхъужащ. Абы къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху Нухь бегъымбарым и кхъухьым жьэдитхъа дыкъуакъуэр болъагъу. Абы папщIэ Iуащхьэмахуэ уанэ хуэдэу дыкъуакъуэу и щыгум уIуоплъэ.
Мухьэмэд бегъымбарыр зэгуэрым КавказымкIэ блэкIырт, жаIэ. БлэкI пэтрэ зэрымыщIэкIэ къищIащ Нухь бегъымбарыр щыхуэзам щыгъуэ Тхьэм емыдэIуэну Iуащхьэмахуэ зэрыхэтар. Мухьэмэд апхуэдизкIэ Тхьэм и жыIэм емыдэIуа Iуащхьэмахуэ хуэплъати, губжьым къыхэкIыу нэлат ирихащ. Мухьэмэд бегъымбарым нэлат ирихыу псалъэ къызэрыжьэдэкIыу, Тхьэм емыдэIуам мы дуней псор къытекъутэ хуэдэ, борэн губжьам псори къызэхитхъуащ, дунейр къугъыу, фийуэ, зэщIэгъуагэу щIидзащ. Уэсукхъуэр дэнэ лъэныкъуэкIи щызэрихьэрт, къуакIи тафи къимыгъанэу, дэнэ лъэныкъуэкIи щIиуфэу. Iуащхьэмахуэ дахащэр, арати, игъащIэкIэ къыщIэмыщыжыну уэс Iув джанэ хужьыр щитIэгъащ. Абы лъандэрэ абы мыл джанэ Iувыр щыгъщ. Абы ипэкIэ сыту дахащэу щытауэ жаIэжрэ ар ди адэжьхэм!

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: