26.04.2024, 17:06 - Тхыдэ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

26.04.2024, 15:42 - Жылагъуэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
12.05.2023 - 17:00 | 👁 70

Подробности...

Тутын ефэу щыщIадзар

Европэм тутын щефэрт XV лIэщIыгъуэ лъандэрэ, 1492 гъэм Колумб Христофор Америкэр къыщызэIуихам щегъэжьауэ. Куэд дэмыкIыу Кариб хытIыгухэм къыщыунэхуащ европей тутын щагъэкI губгъуэхэр. Абы щыгъуэ...
Жылагъуэ
12.05.2023 - 16:18 | 👁 58

Подробности...

Изабеллэ лыпцIэ къызэрищэхуар

Актрисэ цIэрыIуэ Раневская Фаинэ и шыпхъу Изабеллэ илъэс куэдкIэ Париж щыпсэуауэ, Совет Союзым къигъэзэжат. Арыххэуи бостей дахэрэ капрон лъэпэдрэ къызыщитIагъэщ, шылэ бэлътор и дамащхьэм триубгъуэщ...
Литературэ
12.05.2023 - 16:15 | 👁 103

Подробности...

КъыкъуэмыкIа дыгъэ

Автобусыр къуажэм дэлъадэри къыщыувыIати, сыкъикIащ. Уэрамыр иджыри нэщIщ, адакъэ Iуэхэмрэ хьэ банэхэмрэ я макъхэр лъэныкъуэхэмкIэ къоIукI. Жьы упщIыIужар пщэдджыжьым Iэпкълъэпкъым щызэпреху, къэплъа...
Спорт
12.05.2023 - 15:31 | 👁 74

Подробности...

ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу

БодибилдингымкIэ дунейпсо чемпион, КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъагъуэдыгъу Рамзес ящыщщ ерыщу зи хъуэпсапIэхэр зэзыгъэхъулIэну хущIэкъухэм. Дэзыхьэха спорт...
Жылагъуэ
12.05.2023 - 14:43 | 👁 64

Подробности...

ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ

Налшык щыщ Черкесовэ Зухра Барисбий и пхъур (1961 гъ.) дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ.
Жылагъуэ
12.05.2023 - 14:39 | 👁 54

Подробности...

«Моссельпром»-р цIэрыIуэ зыщIар

Москва мэкъумэшым елэжь губерние IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэ (Моссельпром) къыщыунэхуащ 1921 гъэм. Абы хэтт IэфIыкIэ, тутын, щIакхъуэ, шагъыр, фIэIугъэ, пивэ, нэгъуэщI ерыскъыхэкIхэри къыщыщIагъэкI...
Литературэ
12.05.2023 - 14:35 | 👁 62

Подробности...

Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ

Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ
Литературэ
12.05.2023 - 10:43 | 👁 77

Подробности...

Эндирей щыщ СулътIан- Мут

ЕтIуанэ Iыхьэ
Политикэ
12.05.2023 - 10:39 | 👁 52

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительсвэм и ухуэкIэм и IуэхукIэ
Махуэгъэпс
12.05.2023 - 10:32 | 👁 62

Подробности...

НОБЭ

Накъыгъэм и 12, мэрем ♦Медсестрам и дунейпсо махуэщ
Тхыдэ
11.05.2023 - 15:54 | 👁 52

Подробности...

Щолэхъу

Щолэхъу пщы телъыджэу зэрыщытамрэ, пащтыхьым пэжу зэрыбгъэдэтамрэ теухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр щыIэщ.
Жылагъуэ
11.05.2023 - 15:54 | 👁 33

Подробности...

Хабзэхъумэхэм лъы ят

Донорым и махуэм ирихьэлIэу Налшык щекIуэкIащ «Лъы тыи, гъащIэр къегъэл» Iуэху щхьэпэр. 
Жылагъуэ
11.05.2023 - 14:49 | 👁 39

Подробности...

Самурай-цIыхубзхэр

Тхылъ бжыгъэншэхэмрэ фильмхэмрэ къыщыгъэлъэгъуэжа япон самурайхэм ятеухуауэ хъыбар гуэр зымыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ахэр зауэлI хахуэу, гъэсэныгъэ яхэлъу, пщIэ зэрахьэу, я нэмысрэ хабзэрэ яIэжу,...
Жылагъуэ
11.05.2023 - 14:00 | 👁 48

Подробности...

Абазэм я дзыхь ирагъэз

КъБР-м и Парламентым и депутат Абазэ Албэч республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм епха ЩIалэгъуалэ парламентым хагъэхьэным иджыбл
ЩIалэгъуэ
11.05.2023 - 13:44 | 👁 61

Подробности...

ЩIыпIэцIэхэр

  Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ Ашэ и жапIэм и кIыхьагъкIэ дыкъыщеплъмэ, икухэм хуэзэу къыщыхэлъадэ псы бгъунжхэм ящыщ зым зэреджэ Анэкъуэпсы (Анакопсы) псалъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зы
Жылагъуэ
11.05.2023 - 12:44 | 👁 51

Подробности...

Тутын нэпцIхэр къыкъуахащ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм налшыкдэсым къытрахащ ищэну зыхуимыт тутын лIэужьыгъуэу мини 5. 

Страницы