18.05.2024, 12:48 - Щэнхабзэ

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм икIи щрегъэкIуэкI ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым. 

18.05.2024, 10:48 - Жылагъуэ

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр. Iуэхур къызэригъэпэщащ КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ министерст­вэхэм. Макъамэ театрым кърагъэ­блэгъат бын уна­гъуэш­хуэхэр, уна­гъуэщIэхэр - зэ­пеуэм нэхъыфIу ­къы­щалъытахэр.

16.05.2024, 19:35 - Жылагъуэ

ТекIуэныгъэр илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу ди хэгъэгум щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм жыджэру хэтащ къэрал къулыкъущIэхэр, щIыпIэхэм унафэ щызезыхьэ унафэщIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ скъарым деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

16.05.2024, 17:30 - Жылагъуэ

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жраIащ Ингуш уэрамым ирикIуэу бохъшэ къызэрагъуэтар. 

16.05.2024, 15:24 - Жылагъуэ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ. Ар куэдым ящIэркъым, ауэ Ананенкэ Алексей, Беспалов Валерий, Баранов Борис сымэ реактор жьэражьэм и лабжьэм ехри, Европэ псом щыпсэу цIыху мелуан бжыгъэхэр кърагъэлащ.

16.05.2024, 13:19 - ЩIалэгъуэ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий.

16.05.2024, 12:16 - Жылагъуэ

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

13.05.2024, 17:30 - Щэнхабзэ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 79-рэ зэрырикъум. Ар къызэригъэпэщащ.

13.05.2024, 15:21 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр. Ар теухуат къаугъэ къыхэмыкIыу, псалъэкIэ щытыкIэ гугъухэр зэрызэблагъэкI щIыкIэхэм щIалэгъуалэр хуэущииным, дипломатие хабзэхэр, политикэ дунейм и мызакъуэу, гъащIэми цIыхухэр зэгурызыгъаIуэ IэмалыфIу зэрыщыщытым фIэщхъуныгъэ хуегъэщIыным.

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
12.10.2022 - 18:05 | 👁 24

Подробности...

Полицэм и участковэ нэхъыфI

«ЦIыхубэ участковэ-2022»  Урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублащ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 17:55 | 👁 33

Подробности...

Налог делэхэр

  ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 16:44 | 👁 20

Подробности...

ГъущI гъуэгухэм я зэранкIэ

Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Урысейм и гъущI гъуэгухэм кIуэ пэтми заубгъу, къахохъуэ, зэраныгъэ щхьэхуэхэри зэрымыщIэкIэ къыщыдэкIуэ щыIэу.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 15:06 | 👁 27

Подробности...

ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ

Иджы хуэдэ зэманым Iуащхьэмахуэ лъапэ къытрилъхьэ уэсым мэзылъэхэр зэуэ щыщIиуфэ щыIэщ, мэз псэущхьэхэмрэ щIымахуэр ди щIыпIэм щизых къуалэбзухэмрэ цIыхум и гулъытэ хуэныкъуэу.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 14:41 | 👁 9

Подробности...

Унэр къагъэщIэрэщIэжащ

Зеикъуэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унащхьэм жьышхуэмрэ уэшхышхуэмрэ я зэранкIэ игъуэта сэкъатхэр зэман кIэщIым къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ, уэшх пыжыпIэхэри палъхьэжащ.
Спорт
12.10.2022 - 14:14 | 👁 32

Подробности...

Футболыр зэштегъэу къудейкъым

Си насып къикIри, сэ сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа унагъуэмрэ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм егъэщIылIа губгъуэмрэ ухуэныгъэмрэ я зэхуаку  метр  щэныкъуэ нэхъыбэ  дэлъу къыщIэкIынтэкъым.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 13:17 | 👁 20

Подробности...

Бзэ лIыхъужь!

Бзэ къэс дуней псощ. Лъэпкъым и нэщэнэ нэхъыщхьэр бзэщ, атIэ лъэпкъ къэс езым и хабзэ, и зыхуэпэкIэ, и къафэ, и шхыныгъуэ, и щIэныгъэ иIэжщ. Дунейпсо тхыдэм дыхэплъэмэ, бзэ куэд дыдэ зыщIэу щыта...
Махуэгъэпс
12.10.2022 - 12:55 | 👁 31

Подробности...

Пирамидэхэм я хэку

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ.
Жылагъуэ
12.10.2022 - 12:28 | 👁 21

Подробности...

ХъуэпсапIэр нахуапIэ хъуащ

ЦIыхум IэщIагъэ хуэхъунур, и гъащIэр щхьэузыхь зыхуищIыну Iуэхур хэти школым щIэсу, хэти балигъыпIэ иува нэужь къыхех. Аргудан щыщ Бро зэщхьэгъусэхэм - Мухьэдинрэ Маритэрэ – япхъу Анжеллэ пасэу,...
Махуэгъэпс
12.10.2022 - 12:00 | 👁 21

Подробности...

НОБЭ

Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ   Испаныбзэм и махуэщ    Армением тутын емыфэным и махуэу щагъэуващ
Литературэ
11.10.2022 - 19:58 | 👁 34

Подробности...

НэгъэцIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи, къуажэ гуэрым фызыжь цIыкIу дэст, пхъу закъуэ иIэу. Зыгуэр къепсэлъамэ, хъыджэбз цIыкIум и нэр къицIыщхъукI хабзэти, абы щхьэкIэ псори къызэреджэр НэгъэцIут. Йоуэри, пщэдджыжь...
Жылагъуэ
11.10.2022 - 18:55 | 👁 32

Подробности...

IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп

Нэхъ цIыкIу дыдэхэм къыщыщIэдзауэ, дэтхэнэри зэрыхъукIэ щыгъуазэу щытын хуейщ гъуэгухэм зэрыщызекIуэ хабзэхэм ящыщу нэхъыщхьэхэу лъэсырызекIуэм ехьэлIахэм.
Тхыдэ
11.10.2022 - 17:51 | 👁 46

Подробности...

Къуажэ Iуэхур зэрызэрахьэр

Пасэрей адыгэ къуажэхэм тхыбзэ зыщlэ дэсу щытакъым.
Литературэ
11.10.2022 - 16:49 | 👁 28

Подробности...

Кулизар «мэIэзэр»

- Къэбэрдейм къикIыу Синэхухэ къэкIуа фыз Iэзэм дунеишхуэр хузэблэкIыу зэрыжаIэу уэ тхьэмыщкIэжь мыгъуэр занщIэу сигу укъэкIащ, - жиIэурэ Сурэт къихьа шейхэкIэр зэрыт фалъэр стIолым тригъэувэри...
Жылагъуэ
11.10.2022 - 15:45 | 👁 25

Подробности...

Адрейхэм ягу къыщымыкIым…

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз IуэхущIапIэхэм бжьыхьэ-щIымахуэ пIалъэм зыхуагъэхьэзыр.
Жылагъуэ
11.10.2022 - 14:43 | 👁 40

Подробности...

Лэжьыгъэр зэтеублащ

2022 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ санитар авиацэмкIэ IэнатIэр. 

Страницы