Жылагъуэ

Гъатхэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI

Коммунальнэ хозяйствэм и лэжьакIуэхэм уэсыр зэрытекIыу жыг щхьэкIэхэр яухъуэнщIащ. Мыгувэу абыхэм къудамэщIэхэр къыщызэщIэрыуэнущ, уэрамыбгъухэр, лъэс зекIуапIэхэр ягъэдахэу.
Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым мы махуэхэм зыхуей щыхуагъазэ удз гъэгъа хэсапIэхэр - Печатым и унэм щыщIэдзауэ Балъкъэр уэрамым нэсыху. Къалапщэм хуэзэ клумбэшхуэхэм я къэухьхэр гъэ кIуам яхъуэжри, щIы къабзэ иракIутауэ гъэ щIэкIат. Иджыпсту лэжьакIуэхэм трагъэкъэбзыкI абыхэм япэу къытеува яжьащхъуэр, гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыхасэнум хуэдэу.

ЛэжьапIэ фыувыну фыхуеймэ…

ФщIэн папщIэ

Щэхуу игъэлажьэрт

КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ  и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр  ирагъэкIуэкIыу Налшык къалэм къыщагъуэтащ бренд цIэрыIуэм щIэту псыIэфI щрагъахъуэ цех щэху. 

ЩIДАА-мрэ Дохутырхэм я Хасэмрэ я мурадхэр

«Дохутырхэм я Хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэIущIэ иджыблагъэ Москва щекIуэкIащ. Абы ирагъэблэгъа, Хасэм щIыхь хуащIу хагъэхьа, ЩIДАА-м и тхьэмадэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен и телеграм-напэкIуэцIым къритхащ и гуапэу зэхуэсым зэрыхэтар. Абы зэрыжиIэмкIэ, и анэри, и шыпхъури медицинэ лэжьакIуэу зэрыщытам къыхэкIыу, сыт щыгъуи пщIэ яхуещI хъэлат хужь зыщыгъхэм, икIи илъэситI и пэ къэунэхуа «Дохутырхэм я Хасэм» сыт лъэныкъуэкIи защIигъэкъуэну хьэзырщ. 

Фаэтон – планетэ кIуэдыжа

18-нэ лIэщIыгъуэм псэуа астрономхэм – Тициусрэ Бодерэ – Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр зэрызэпэжыжьэм хабзэ гуэр хэлъу къахутащ, ар «геометрическая прогрессия» жыхуаIэмкIэ къыпхуэпщыну. Абыхэм зэхалъхьа формулэм утетмэ, Марсымрэ Юпитерымрэ зэхуакушхуэ яIэщ, а тIум я кум иджыри зы планетэ дэтыни хуеящ.

ВагъуэцIэхэр

Шыхулъагъуэ – Млечный путь.

Жэщ уафэм гъуэгум ещхьу щыплъагъу вагъуэбэ куэд зэхэтым Шыхулъагъуэ фIащащ адыгэхэм. «ЖэщкIэ зекIуэ лIыхъужьхэр ШыхулъагъуэкIэ мэзекIуэ», - жаIэрт абыхэм. Пасэрей алыджхэр «Галактикэ»-кIэ зэджэ, урысхэм «Млечный путь» зыфIаща вагъуэ зэрыбыным щхьэкIэ адыгэхэм апхуэдэу щIыжаIар шы зэраху лъагъуэм ирагъэщхьауэ ятх щIэныгъэлIхэм. КIахэ адыгэхэм «Шыгъушэмэ я гъогу» («путь везущих соль») жаIэ.

Вагъуэзэшибл – Большая Медведица.

Иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэп

Гум екIуалIэ лъынтхуэхэмрэ къуэпсхэмрэ лъы тэмэму зэралъэмыIэсым къыхэкIыу, цIыхур инфаркт мэхъу. Апхуэдэ сымаджэхэм икIэщIыпIэкIэ дэIэпыкъуэгъу ямыгъуэтмэ, операцэ ямыщIмэ, лIэнущ. Иужьрей IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпурэ, апхуэдэ операцэ хьэлъэхэр гущхьэм щрагъэкIуэкI КъБР-м и Кардиологие диспансерым.

ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэзащIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. ЩхьэкIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкIа цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэплъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Къыщежьар нобэкъым

Псэущхьэ инхэмрэ цIыкIухэмрэ я фэм къыхах щыгъыныгъуэхэмрэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хуэмейуэ нобэ къоув Европэ къэралыгъуэхэм я цIыху куэд. Абыхэм а Iуэхур зэрыдаIыгъыр нэрылъагъуу, мы гъэм и щIымахуэм бжьыпэр яIыгъащ шубэ, джэдыгу IэрыщIхэм.  Ахэр дахэу, егугъуу зэращIым псы дзыгъуэхэм, дзыдзэхэм, кIэпхъхэм, мэз джэдухэм я фэхэм къыхаххэм уригъэплъыжыркъым.  Я хуабагъкIэ жыпIэнщи, адрейхэм къакIэрыхуркъым, къищынэмыщIауэ, зехьэгъуафIэщ, псынщIэщ, хъун еуэнукъым, псыIагъэр зэран хуэхъунукъым.

Я мурадыр къызэпаудащ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм  и лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ «РЖД» ОАО-м и къудамэм Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум и лэжьакIуищым  гъэсыныпхъэхэр ядыгъуну зэрыхэтар.  
УФ-м и Следственнэ комитетым  КъБР-м щиIэ Управленэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 
Къыумылэжьар хьэлэлкъым

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ