Жылагъуэ

НэхъыфIхэм гулъытэ лъагэ хуащI

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ  Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэр къыщызэрагъэпэща махуэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ,  Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм  щыIэ Лъэпкъ гвардием уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым и концерт.  

Iуэху гуапэм хэтащ  КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек,   Парламентым  и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, федеральнэ инспектор Мэкъуауэ Тимур,   министрхэр, депутатхэр,  ведомствэм и республикэ Управленэм и  къулыкъущIэхэмрэ IэнатIэм и ветеранхэмрэ, щыхьэрым и хьэщIэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ.   

Джэху Альберт и цIэр фIащ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и «Вершина» ОМОН-м и лэжьакIуэ, полицэм и сержант Джэху Альберт Руслан и къуэм, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдам, и фэеплъ пхъэбгъу къыщызэIуахащ ар щеджа, Налшык къалэ и школ №19-м.

Абы кърихьэлIащ Урысей гвардием и щIыналъэ IэнатIэм и унафэщIхэм ящыщхэр, гупым хэтхэр, ветеранхэр. ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ департаментым и лIыкIуэхэр, школакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ, хэкIуэда щIалэм и анэ Маринэ, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.

«Жанхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу): хужьхэмрэ плъыжьхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэ»

         Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Iэпщацэ Вадим и тхылъ.

         Къуажэдэс щIалэ къызэрыгуэкIым, фIыщIэ хуэфащэу, илъэс куэд хъуауэ къуажэм и тхыдэ жыжьэр щIеджыкI, архивым хэлъ дэфтэрхэр къигъэсэбэпурэ. Апхуэдэу абы къыпикIухьакъым езыр къызыхэкIа Iэпщацэхэ я лъэпкъым и къежьапIэм и пэжыпIэр  къэлъыхъуэнми. Иужьрейм теухуауэ 2018 гъэм «КъаруIэпщэ» зыфIища япэ  тхылъыр къыдигъэкIащ.

Абазэ-адыгэ щIыпIэцIэхэр

Ди тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм и гугъу щытщIат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм къэрэшейхэр зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну лъахэхутэ гуэрхэр зэрыхущIэкъум.

Абдж

Абджыр тыншу ящIу зрагъэса нэужь, ар куэду къыщIагъэкI, къагъэсэбэп хъуащ. Ауэ зэман щыIащ абдж пщIыным гугъуехь куэд пыщIауэ, езыр лъапIэ дыдэу щыщыта. Абы щыгъуэ зи унэ абдж щхьэгъубжэ хэзылъхьэну Iэмал зиIэхэр нэхъ къулей дыдэхэрт. ЗыхузэфIэмыкIхэм абдж папщIэу къагъэсэбэпыр мывэхум (слюда) къыхэщIыкIарт. 
Япэрей абджхэр «фульгуриткIэ» зэджэ пкъахуэм къыхащIыкIырт. Фульгуритыр пшахъуэм хещIэ, уафэр хъуэпскIа нэужь. Нэхъыбэу къыщагъуэтыр хы Iуфэхэрщ. Ар къагъэхуабэурэ IэтIэлъатIэ ящIырти, абдж къыхащIыкIырт. 

КIуэцIфэцIым и зэхэлъыкIэр

Пэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ, куэтэным деж щиухыжу цIыхум пкърылъ пкъыгъуэхэм кIуэцIфэцIкIэ уеджэ хъунущ. КъедбжэкIынщ ахэр: бзэгу, пэ кIуэцI, тэмакъ, тэмакъыщIэ, къурмэкъей, тхьэмбыл, гу, бгъэлыцI, ныбэлыцI, тхьэмщIыгъу, шхалъэ, зэз, лъатэщIыб шхынгъэткIу (хьэбзэгупэ), жьэжьейхэр, чэ, гъутхьэпсылъэ, лъхуадэхэр, лъхуалъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, куэтэн.

IэщIагъэм езым къыхихащ

Медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тау Мадинэ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм факультет терапиемкIэ и кафедрэм и доцентщ, Налшык къалэ дэт Центральнэ поликлиникэм и дохутыр-ревматологщ.

ЦIыхухэм я гум щыпсэу

Елмэсхъан Николай фIыуэ илъэгъуащ. И насыпти, Николаи хьэщыкъ къыхуэхъуат. Абыхэм я нэчыхьыр щатхащ Бытырбыху. Куэд мыщIэу къэхъеящ революцэр. А лъэхъэнэ дыдэм щIалэ цIыкIу къахэхъуати, адэм и цIэр - Николай - фIащыжащ. Абы нэхъ лъапIи Гали гъащIэм щиIакъым.
И лIыр сымаджэрилэт. УIэгъэр къешынэуэж зэпытт. ЩIэпхъуэжауэ Китайм щыIэу абы щылIащ. А зэманым цIыху куэдым Китайр егъэзыпIэ яхуэхъуат. Ди шыпхъум а илъэс шынагъуэхэм гугъуехьу игъэвар зыхуэдизыр къебжэкIыгъуейщ. Абы и закъуэкъым хьэзаб зыгъэвар.

Къуэш пэлъытэу дызэдопсэу

Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэфIхэм ящыщщ лъэпкъхэр зэш пэлъытэу, зым и дамэпкъыр адрейм щIэдгъакъуэу, ди республикэм ифI къызэрыкI Iуэхухэр зэфIэтхыу дызэдэпсэуныр. Апхуэдэу хъуащ I957 гъэм и гъатхэпэ мазэми – балъкъэр лъэпкъыр я хэку къагъэзэжыну хуит щащIыжа зэманым.

Егъэджэныгъэр езыгъэфIакIуэ Iэмалхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ