Жылагъуэ

«Нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр ди IэмыщIэ къралъхьэ»

ЕгъэджакIуэр сабийхэм щапхъэ, ущиякIуэ яхуохъур. А IэщIагъэр къыхэзыхым ар фIыуэ къыгурыIуэу лажьэмэ, щIэблэр щIэныгъэм дегъэхьэхыным, гъэсэным зэрыпэлъэщынум шэч хэлъкъым.

Iуэхум теухуа упщIэхэр

Лермонтовым щIыгъуу къулыкъу зыщIэ, шу гвардием и корнет Глебов Михаил усакIуэр зыхьыну шэр къытехуа нэужь, уIэгъэ хьэлъэм къыбгъэдэнащ, уэшх къежэхым хэту, адрей ящIыгъуахэр Псыхуабэ кIуэуэ дохутырыр шыгукIэ къашэху … Столыпин Алексейщ. Ар етIуанэу ящIыгъуар. Абы зэрыжиIэжымкIэ, ар хэтащ зэщыхьаитIым я Iуэхур нэхъ тыншу зэфIигъэкIыну икIи Мартыновым и кIэрахъуэр усакIуэм зэман кIыхькIэ щригъапщэм, тIури зэбгъэдишыжын мурад ищIауэ, кIэрахъуэр уащ. Ещанэр офицер Трубецкой Сергейщ. Ар лъэпкъ цIэрыIуэ къыхэкIат, ауэ цIыху псынщIэт, цIыхубз Iуэхум зыIэпишэри и къулыкъукIэ жыжьэ нэмысу къэнат.

Бзэр псэ зыIут къэгъэщIыгъэщ

Лъэпкъ махуэгъэпсым къызэрыхэщщи, I853 гъэм гъатхэпэм и I4-м Тифлис къыщыдэкIащ Бырсей Умар зэхигъэувауэ щыта «Шэрджэсыбзэ букварь» фIэщыгъэр зыгъуэта япэ адыгэбзэ тхылъыр. А махуэр 2003 гъэм къыщыщIэдзауэ Адыгэ тхыбзэм и махуэу лъэпкъым егъэлъапIэ, еIэт. Абы теухуа Iуэхугъуэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым.

ПсэкIэ къапыщIакъым

Дэ сыт щыгъуи ди гур узу дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм иужькIэ ди лъэпкъэгъухэр хамэ щIыналъэхэм къызэрыщыхутар икIи мы зэманым ахэр къэрал куэдым зэрыщыпсэур. АрщхьэкIэ апхуэдэу къызыщыщIар ди закъуэкъым: щхьэусыгъуэ зэмыщхьэхэм къыхэкIыу пащтыхь империем иIэпхъукIащ нэгъуэщIхэм щыщхэри, псом хуэмыдэу дунейм и щIыпIэ псоми щыпсэу урысхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Америкэ Ипщэм абыхэм я бжыгъэр зы мелуаным щыщIегъу.

Пащтыхьым папщIэ «къамэ»

Николай Езанэр Лермонтовым щIыщышынэн щхьэусыгъуэ щыIа? Пащтыхьымрэ прапорщикымрэ: а тIум шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ауэ Лермонтовым хуэдэ прапорщикхэрщ 1825 гъэм и кIэухым пащтыхьыр тезыдз пэтар. Лермонтовыр «зэманым и лIыхъужьхэм» ящыщ зыт. Ар фIыуэ ялъагъурт, абы дэплъейрт жылагъуэм щыщ либералхэр. Ахэр хьэзырт пащтыхьыгъуэм пэщIэувэну, ахэрщ къызыхэкIар Герцен, Чернышевскэ хуэдэхэр, «народовольцы» жыхуаIэхэр. 

КъыпхуащI дзыхьыр бгъэпэжын хуейщ

Адэ-анэм яхэлъ хабзэм дэплъей быныр гъэса мэхъу. Тэрч къалэм дэт «ПМК 6» акционер зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа ГуэщIокъуэ Михаилрэ Тэрч налмэс Iэмэпсымэ заводым и лэжьакIуэу щыта Самарэрэ япхъу АфIэунэ Неллэ гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар и адэ-анэрщ, абыхэм я лэжьэкIэмрэ дуней тетыкIэмрэт. Зи Iуэхум хэзыщIыкI, сабийм и гъэсэныгъэм егугъу егъэджакIуэфI дыдэхэр зэриIами Неллэ ирогушхуэ. 

Мыл хьэрычэт

Яхчал – мылылъэ кумб

Нерон фIэфIу щытащ шагъырым мыл хэдзауэ ефэну. А Iуэхум и блыгущIэтхэр гугъу иригъэхьырт. Гуп защIырти, мылылъэ бгыщхьэхэм кIуэрт. Мылыр къакъутэрт, ар Iэщыфэм кIуэцIашыхьырти, мыткIуу кърахьэхырт. Мыл къыгуэудахэм хъумапIэ хэха яIэт, щIэх мыткIун хуэдэу. 

Европэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр

Адыгэу мин 40 исщ Германием. Адыгэ Хасэу 13 щолажьэ, къалэ зырызым дэту. Нэхъ инхэм ящыщщ Мюнхен, Кёльн, Мангейм, Вупперталь, Берлин къалэхэм дэтхэр. Адыгэ нэхъыбэ зыдэсыр Кёльнщ. 
Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр Тыркум икIауэ аращ. Илъэс 50-60 ипэ Тыркум ис цIыхухэр Европэм лэжьэну кIуэуэ щытащ. Абыхэм ящыщу аращ Европэм и сыт хуэдэ къэрали Iэпхъуа адыгэхэр.

Куэдым щытепсэлъыхьащ

Хабзэ зэрыхъуауэ, федеральнэ законодательствэр ягурыгъэIуэным, цIыхухэм яIущIэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хиубыдэу, Тэрч районым и прокурор НэгъэцIу Заур Дей къуажэдэсхэмрэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ яхуэзащ. 

Гулъытэ хуащI

«Гъатхэпэм и 8-р - дэтхэнэ унэми» урысейпсо акцэм хиубыдэу Шэрэдж райо­ным и полицейхэр щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэда я лэжьэгъухэм я ­унагъуэхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ