Жылагъуэ

ЯукIа хьэмэрэ яIэщIэкIуэда?

Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил и кIуэдыкIам псори дыщыгъуазэ хуэдэщ. Ауэ иужькIэ къыкъуэкIыж тхыгъэхэм шэч уагъэщI абы и пэжыпIэр дымыщIэу, уеблэмэ политикэ Iуэху хэту ар яукIауэ. УсакIуэшхуэм теухуауэ урыс тхакIуэ Паустовский Константин и Iэдакъэ къыщIэкIа «Разливы рек» повестыр мыпхуэдэу еух: «Иужь дыдэу абы (Лермонтовым) гу зылъитаращ: Мартыновым и кIэрахъуэ уэ макъым щIыгъуу, Iуащхьэ зытетым и лъабжьэм щIэт чыцэ гуэрэным къыхэукIауэ къыфIэщIащ фоч уэ макъ».

«Кавказ» псалъэм и къежьапIэр

Сыту пIэрэ «Кавказ» псалъэм къикIыр? Хэту пIэрэ ар къэзыгупсысар? Апхуэдэ упщIэхэр зиIэхэр гъунэжщ, абы и жэуапхэри куэду зэщхьэщокI. Мы тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм щыщ, егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьа КIурашын Алий и еплъыкIэр.

Интернетым дыкъыщоджэ

Кхъузанищ

- ПщIэрэ уи цIыхугъэм уэр щхьэкIэ жиIар? – хуэтхьэусыхэну къригъэжьащ зыгуэр лIы Iущ гуэрым.

- Зэ догуэ! – къигъэувыIэжащ ар модрейм. – Иджыпсту къызжепIэну зыбгъэхьэзырар кхъузанищым щIэгъэпщ.

- Сыт кхъузанищым къибгъэкIыр?

- Зыгуэр жыпIэн ипэ, ар щэ щIэбгъэпщын хуейщ. Япэ кхъузанэр – пэжырщ. ЖыпIэнур пэжрэ-мыпэжрэ зэхэбгъэкIа, шэч къытуомыхьэжын хуэдэу?

- Хьэуэ, сэ сызытепсэлъыхьынур яIуэтэжу зэхэсхауэ аращ.

Нобэ хуэдэт

1944 гъэм, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-м, Сталиным и унафэкIэ балъкъэрхэр КъБАССР-м ирашауэ щытащ. Ахэр яшащ Къыргъызымрэ Къэзахъстанымрэ. Хэкур ирагъэбгынэрт лъэпкъым щыщ псоми - Хэку зауэшхуэм хэтахэми, ныкъуэдыкъуэхэми, адэ-анэхэми, фронтым Iутхэм я щхьэгъусэхэми, сабийхэми, депутатхэми. Абыхэм къащтэну хуит ящIыр гъуэмылэ тIэкIурэ IэкIэ къахуэщтэ мылъкумрэт. Гъатхэпэм и 9-м Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшащ цIыху 37713-рэ, нэхъыбэр сабий, цIыхубз, лIыжьхэрт.

Бдзэжьей уэшх

Австралием телъыджэ куэд къызэрыщыхъум десэжа пэтми, мы хытIыгум дызригъэплъхэр апхуэдизкIэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуей защIэщи, укъэмыуIэбжьыну гугъущ.

БлэкIам къигъэзэжрэ? Сыхьэтыр зэран яхуохъу…

   УФ-м и Правительствэм къыщыхалъхьащ зэманыр гъэмахуэ, щIымахуэ лъэхъэнэхэу зэщхьэщыкIыгъэкIыным теухуа жэрдэм. Къэрал Думэм и депутат Матвеев Михаил къелъытэ иджыпсту илъэс хъурейм дызытет щIымахуэ лъэхъэнэр  къемызэгъыу: «Гъэмахуэм дыгъэр нэхъ жьыуэ къыщIокI, абы къыхэкIыу сыхьэтыр зэрыраIуэнтIэкIым къигъэлъэгъуэнущ махуэр нэхъ кIыхь зэрыхъуар, нэхум нэхъыбэрэ хэтынуи цIыхум нэхъ IэмалыфI зэриIэр». Газетхэм зэратхымкIэ, цIыхубэ лIыкIуэм и Iуэху еплъыкIэр Урысейм щыпсэухэм я процент 65-м даIыгъ. Сыт щхьэкIэ?

Эверест нэхърэ нэхъ лъагэщ

Эверест (Джомолунгмэ) нэхъ бгы лъагэ дуней псом темыту жиIэнущ хэт уемыупщIми. Курыт еджапIэм къыщIэтха щIэныгъэмкIэ аращ и пэжыпIэри. Ауэ куэдым ящIэркъым абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ ин, километри 10-м щIигъу зи лъагагъ бгы абрагъуэ Гавайи зэрыщыIэр.

Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ зохьэзэхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Сабий зэчиифIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я уардэунэм иджыблагъэ «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ хэдэрыхэш зэхьэзэхуэм и IX хэгъэгупсо зэхыхьэгъуэм и бжьыгъуэ зэфIэхь ныкъуэр щекIуэкIащ, кърикIуахэри наIуэ щащIащ.

АДЫГЭ МАКЪАМЭМ И КЪАРУР

Тыркум къыщыхъуа щIыхъейм езыр къелри, и пшынэр хэкIуэдат Елхъуэн Абдулэхь. Абы къылъыса фэбжьыр и гум щигъэвыфын папщIэ хуэныкъуэт и пшынэм. Хуейт и гу лъапсэм щIэлъхэр пшынэ Iэпэхэм къаригъэIуэтэну. Арати, егъэзыпIэ хуэхуа хьэщIэщым щIэлъ пшынэр къыщыIэщIалъхьэм Абдулэхь ар игъэбзэрэбзащ, къедаIуэ, къеплъ псоми я гущIэм зигъазэу.
Абдулэхь и пшынэ еуэкIэм дихьэха, Америкэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу Алпаслъэн Сумер пшынэ щIэрыпсышхуэ тыгъэу къыхуигъэхьащ абы.

Гуащэхужь

ХьэтIохъущокъуэ Беслъэн, пащтыхьым и дзэпщхэм емызэгъ щыхъум, Къэбэрдейр ибгынэри, Псыжь зэпрыкIащ. Абазэхэхэм яхэтIысхьэри, пащтыхьым и дзэм куэдрэ къезэуащ. Абазэхэхэм илъэсищкIэ ядэзэуауэ, Беслъэн Уарп деж тIысащ, бгым къикIыжри. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ