|
Жылагъуэ
27 февраля, 2023 - 12:44
Каир и нэхъ къулейсыз дыдэхэр щыпсэу хьэблэм къыщагъуэтыжащ пасэрей дунеижьыр зыгъэгызрэ, джатэдэпщхэм я нэхъ гущIэгъуншэу Рамзес ЕтIуанэ фирхьэуным и фэеплъ домбейр. Нэмыцэ-мысыр археологхэм къызэралъытэмкIэ, мы къэхутэныгъэм нэхъ телъыджэ ирихьэлъакъым алъандэрэ.
27 февраля, 2023 - 12:41
ЛIэщIыгъуэхэм къапхыкIыу нобэм къэса лъэпкъ щIэныгъэм и зы ныбз къыщыпIэткIэ, нэхъыжьхэм я Iущыгъэмрэ ябгъэдэлъа гулъытэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ТхэкIи еджэкIи ящIакъым, ауэ зытет дунейм и щэхухэр мыбзаджэу ящIэрт, щIыуэпсым и пIалъэми хъарзынэу хащIыкIырт. Къуалэбзухэмрэ псэущхьэхэмрэ я бзэкIэ псалъэми ярейуэ, уахыхьэ щыхъунуми, умыгъэпIейтейуэ далэ дэхын щыхуейми щымыгъуазэ куэд щыIакъым.
27 февраля, 2023 - 12:11
Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэр илъэс 40-м нэблэгъауэ а къэралым щыпсэу, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затийщ. Ар Тыркум и Къайсэр къалэм къедза Узун-Яйла щIыналъэм ит Мударей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 22-рэ хъуху абы дэсащ, итIанэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Германием кIуащ.
27 февраля, 2023 - 12:08
Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ.
27 февраля, 2023 - 12:05
ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэм дащегупсыскIэ, гу лъыдмытэу къанэркъым абыхэм адрейхэм тфIефIэкI, ди псэм нэхъ пэгъунэгъу зэрахэтым. Апхуэдэу си шыпхъум и къуэ Жэрыкъуэ Борис хэт нэхъри нэхъыфIу слъагъурт сэ. Езыми гурэ псэкIэ сызыхищIэрт, «гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ» зэрыжаIэм ещхьу… Дызэгъунэгъут, дызэрылъагъурт… Уи дзыхь зэбгъэз хъу, уи гумрэ уи псэмрэ зыхузэIупхыф цIыхут си шыпхъум и къуэр.
27 февраля, 2023 - 11:58
Натхъуэдж адыгэхэм къызэраупсэлъу, ТхьэчIэгъчIыгу (Тхачехочук) зи фIэщыгъэ бгыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик къалэм и Iэхэлъахэм щыIэщ.
26 февраля, 2023 - 09:28
Совет, урысей композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Гимныр зытха Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэр къызэралъхурэ мазаем и 23-м илъэси 100 ирокъу.
25 февраля, 2023 - 11:41
Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулыкъур щезыхьэкIхэм «лIыгъэм и дерс» щрагъэкIуэкIащ ХьэтIохъущыкъуей дэт, Дыкъынэ З. Хь. и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №1-м. Ар хуэгъэпсат я дзэ къулыкъур нэгъуэщI къэралым щрахьэкIыу хэкIуэда ди хэкуэгъухэм я фэеплъ махуэм.
25 февраля, 2023 - 09:28
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым.
24 февраля, 2023 - 11:56
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЦИК-м 1924 гъэм фокIадэм и 10-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Джэрмэншык къуажэр 1926 гъэм и гъатхэм «ТIыуащIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ.
Страницы
|