Жылагъуэ

Сэлэт мыцIыхум и щIыхькIэ

Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт мыцIыхум и махуэм ехьэлIа дауэдапщэхэр дыгъэгъазэм и 3-м щызэхэтащ Бахъсэн щIыналъэм - Къызбрун щIыналъэр зыхъумахэм я фэеплъу ХьэтIохъущыкъуей жылэм дэтым деж щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр.

Зумакулов Борис Бахъсэн щIыналъэм цIыхухэм щаIуощIэ

ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис вэсэмахуэ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм щаIущIащ зи щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзэну хуейуэ а IуэхущIапIэм къекIуэлIахэм.

Урысей гвардием и унафэщIыр цIыхухэм яIущIэнущ

Гу зылъытапхъэ

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м сыхьэтыр 12-м щыщIэдзауэ 20 хъуху Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и хэщIапIэм цIыхухэм щаIущIэнущ управленэм и унафэщI полицэм и полковник Васильев Сергей.

Фыкъэпсалъэ, фыкъатхэ: (88662) 96-17-14; КъБР, Налшык къалэ, Калининградскэ уэрам, 49. 14-нэ, 15-нэ автобусхэр къокIуалIэ. УпщIэ зиIэу ди хэщIапIэм къеблэгъэнухэм я паспортыр яIыгъын хуейщ.
УФ-м и Президентым и унафэкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу илъэс къэскIэ ирагъэкIуэкI.

 

Акъылыр уасэншэщи, гъэсэныгъэр гъунэншэщ

Дэ къытхуатх

Акъылыр уасэншэщи, гъэсэныгъэр гъунэншэщ, жи адыгэм. А псалъэжьыр и пщалъэу къэгъуэгурыкIуащ Шыфэдыгъу (ХьэпцIэ) Светланэ.

Псори дяпэкIэщ!

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм щэкIуэгъуэм и 28-м иригъэкIуэкIащ къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» джэгу зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэгъуэ. Ар теухуат дунейпсо бэджыхъымрэ (Интернетым) ар ди гъащIэм къызэрыхэпшахъуэрэ зэрызытхъуэжамрэ. Налшык къалэм дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэпеуащ Бахъсэн къалэм и 6-нэ курыт еджапIэм («Вагъуэбэ»), Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм и 3-нэ курыт еджапIэм («Нанэ и псэ»), Табыхъу Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Анзорей къуажэм дэт школым я гъэсэнхэр («Налмэс»).

Адыгэм и къэкIуэнур

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Теберда курорт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэм и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зиIэ зэхуэс. Къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху япэу зэхашэу зэрыщытыр. Ар къызэригъэпэщат Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламентым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Лэжьыгъэ щхьэпэ ирагъэкIуэкI

Урысейм и Пенсэ фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр къуажэхэм, IуэхущIапIэхэм кIуэурэ цIыхухэм яхуозэ, пенсэм, льготэхэм теухуауэ яIэ упщIэхэм жэуап ират.

Сом мелуани 2-м щIигъу япшын

ФщIэн  папщIэ
 
Зэратх Iэмэпсымэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щэкIуэгъуэм и 22 - 29-хэм къриубыдэу гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 5. 408-рэ къы­­­зэпаудащ. Псори зэхэту къуэдыуэ тралъхьащ сом мелуани 3-рэ мин 860-м щIигъу. А махуэхэм къриубыдэу сом мелуанрэ 2-рэ 300 857-рэ япшынащ.

Я къалэным йогугъу

Май къалэм гъуэгу щигъуэтащ «Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» программэм. Абы ипкъ иткIэ къат куэду зэтет унэхэм я унащхьэрэ унэ щIыхьэпIэу мы щIыпIэм зыхуей щыхуагъэзар метр зэбгъузэнатIэ 1300-рэ мэхъу.

Ди щIыналъэр щапхъэ яхуохъу

Узыншагъэ

Яхуэмыгъэхъуж узыфэхэр зыпкърыт сабийхэм дэIэпыкъуэгъу щахуэхъу къудамэу къэралым къыщызэIуахахэм я нэхъыфI дыдэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр. Абы лэжьыгъэр къызэрыщызэгъэпэщам щапхъэ трахыну хуагъэлъэгъуэнущ Урысейм и адрей хэгъэгухэм.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ