|
Жылагъуэ
20 ноября, 2019 - 05:12
Дэнэ щIыпIэ укIуэми лъэпкъ хабзэмрэ зэхэтыкIэмрэ кърипщIэну Iэмал хъарзынэщ хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Кфар-Камэ дыщыдэса махуэхэм къриубыдэу Щэджащэхэрэ ХъутIэжьхэрэ благъэ зэхуэхъуащ. Къуажэм хьэщIэ зэрыдэсыр ящIэрти, щIалэм и лъэныкъуэм - Щэджащэхэ - хъыбар къыдагъэщIащ. Нысашэр телевиденэрэ газеткIэ хэкурысхэм я деж нэдгъэсыжыну щажетIэми, дыкъагъэщIэхъуакъым. Абыхэм яшэ пщащэр ди бысым унагъуэм къабгъурыс ХъутIэжьхэ япхъути, хъыджэбзым деж щекIуэкI Iуэхухэми дыхэплъащ.
20 ноября, 2019 - 05:12
«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм.
20 ноября, 2019 - 05:11
Урысей гвардием КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ зи ныбжьыр илъэси 101-рэ ирикъуа ветераным.
20 ноября, 2019 - 05:10
Километр мин бжыгъэ зэпыбупщIу, кхъухьлъатэхэр зэпхъуэкIыу нэгъуэщI къэрал укъыщыхутауэ къыпщыхъуркъым Кфар-Камэ ущыдэткIэ. Абы и хьэуами адыгэмэ хэтщ. Зи бзэм пщIэ хуэзыщIыж хэхэс адыгэ дунейм тетмэ, ар Израилым исхэрщ. Адыгэбзэр зэраджыр дэ къэдгъэсэбэп алфавитырщ - кириллицэрщ. Ар нэхъ къыщIыхахари я адэжь щIыналъэм щыпсэухэм а алыфбейр къызэрагъэсэбэпыр аращ. Щыпсэу къэралыгъуэр фIыуэ къазэрыхущытыр къагъэсэбэпурэ, абы щыпсэу адыгэхэр я бзэм и пщIэр къызэраIэтыным хущIокъу.
15 ноября, 2019 - 05:15
2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ урысейпсо акцитIым - щIэблэр афияным щыхъумэным хуэгъэпса «Урысейм и сабийхэр-2019», наркотикхэм япэщIэтыным теухуа «Ажалыр щащэр къыджеIэ!» жыхуиIэхэм - я щIыналъэ Iыхьэхэм. А Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр зи нэIэ щIэт штабым и зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм.
15 ноября, 2019 - 05:14
Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м щекIуэкIащ «ЛIыгъэм и дерс», полицэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдэхэм - Аруан щIыналъэм щыщхэу БитIэхъу Амурбэч, Алборэ Арустам, КIуащ Аслъэнбэч, Асанов Мурат сымэ я фэеплъу.
8 ноября, 2019 - 05:18
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэкIуэгъуэм и 4-м щекIуэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэр абы ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэта дауэдапщэхэм я нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунут. Республикэм и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, волонтёрхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ а Iуэху дахэм.
7 ноября, 2019 - 05:14
Депутатхэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу Къэрал Думэм и депутат Марьяш Иринэ Бахъсэн къалэм щыIащ икIи «Урысей зэкъуэт» партым и проектым ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща паркым еплъащ.
7 ноября, 2019 - 05:12
Мамхэгъ Михаил ящыщщ IуэхущIафэ дахэкIэ зэманыр зыгъэнщIахэм, цIыхубэ хозяйствэм зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьахэм. Губзыгъэт, IэнатIэ зехьэкIэм хуэIэзэт. Къулыкъушхуэ иIыгъми, къызэрыгуэкIт, бэм я псэм дыхьэрт. И псалъэм зэрытебгъуэтэжым, гупсысэ узыншэхэр къызэрыбгъэдэкIым и пщIэм хигъахъуэрт. Дунейм, гъащIэм щекIуэкIхэм, къыщыхъу-къыщыщIэхэм нэ жанкIэ пхыплъыфырт, а псор тэмэму, пэжагъ хэлъу зэпилъытыфырт. Къыхуиухар кърихьэлIэхункIэ хэкумрэ лъэпкъымрэ хьэлэлу яхуэлэжьащ, и фIы куэд цIыхухэм яригъэкIащ.
7 ноября, 2019 - 05:10
Мамхэгъ Михаил, шэч хэмылъу, нур зиIэ цIыху пэжт, къабзэт. Республикэм и унафэщI IэнатIэу абы десхьэкIахэм илъэс тIощI хуэдиз къеубыд, зыр адрейм дыкъыгурымыIуэу зы махуи къытхуихуакъым. Нэмысышхуэрэ пэжыгъэрэ зыхэлъ цIыхур дэнэкIэ ямыгъакIуэми, екIуу и IэнатIэр ирихьэкIащ, цIыхум гуапэу хущыту, лъэпкъ Iуэхум теухуауэ къикIуэт жыхуаIэр имыщIэу. Аращ абы Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубэм я пщIэр къыщIилэжьыфар.
Дохъущокъуэ Мусэ,
1983 - 1988 гъэхэм КъБР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщI
къулыкъур зыIыгъа. 2011 гъэ
Страницы
|