Жылагъуэ

Дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэ бзылъхугъэм теухуауэ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр. ЩIыхьым и Легионым и лъэпкъ орденыр, ПщIэм и лъэпкъ орденыр, 1939 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм и дамыгъэрэ хахуагъэ иным и дамыгъэрэ, Париж къалэм и медаль Плъыжь, нэгъуэщI куэди иIэщ бзылъхугъэм. Налшык урысыбзэкIэ къыщыдэкIа «Черкешенка» тхылъым топсэлъыхь Котляров Виктор:

Жьыщхьэ махуэ

         ГъащIэм декIу, абы зи Iыхьэ къыхэзыхыф цIыхум щхьэкIэ «псэукIэ ещIэ» жаIэ. Апхуэдэ цIыхур Iуэху куэдыщэ зи пщэ къыдэхуэ цIыхубзхэм ящыщмэ, нэхъыбэжу уи гуапэ мэхъу. Еджамэ, унагъуэ ихьамэ, бын дахэ игъэсамэ, и унэр къабзэлъабзэмэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэ ищIэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэр зыхуей хуэзэу ирихьэкIмэ… сыт адэкIэ къыпыпщэн?! А псори, къанэ щымыIэу, къызэхъулIахэм ящыщ зыщ Хъыдзэдж (Ансокъуэ) Верусэ Хъусен и пхъур.

Зи лъагъуэ дахэ гъащIэм щыпхызыша

Кавказым и бзылъхугъэ цIэрыIуэхэм яхэтщ политикэм, гъуазджэм, щIэныгъэм, литературэм, хьэрычэт Iуэхум ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэр.

ЩIыхьыцIэ къыхуагъэфащэ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къратащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэр.

«Байконур» космодромыр

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ

Космонавтхэм ерыскъы узыншэ яшхыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы елъытащ я узыншагъэри, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхур нэсу ягъэзэщIэнри, космосым ихьа нэужь я Iэпкълъэпкъым климат зэхъуэкIыныгъэр зэрызыхищIэнури. Абы къыхэкIыу орбитэм къыздащтэ шхынхэр егупсысауэ къыхах – ар медицинэр зыкIэлъыплъа мардэкIэ зэхагъэувэ. Урысейм и космонавтхэм шхын яхуегъэхьэзыр Бирюлевскэ эксперемент заводым.

Iуащхьэмахуэ лъапэ щыяпэу

Дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэ закъуэм къриубыдэу Iуащхьэмахуэ лъапэм зыщагъэпсэхуащ цIыху мини 103-м щIигъум. «Iуащхьэмахуэ» курортыр къызэрызэIуахрэ ап­хуэдэ бжыгъэхэр абы и тхыдэм щыяпэу аращ. Иджыпсту бгы лъапэм щолажьэ кIапсэ гъуэгуи 5-рэ лыжэкIэ бгыщхьэм укъыщежэх хъуным хуэщIауэ гъуэгу 23-рэ. АтIэ, 2021 - 2023 гъэхэм я гъатхэпэ мазэхэм къриубыдэу ди деж зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, мин 56-рэ, мин 58-рэ, мин 78-рэ хъуауэ аращ. 

Я зэфIэкIым хагъахъуэ

Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м щекIуэкIащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ дохутыр-эндоскопистхэм папщIэ къызэрагъэпэща мастер-класс. 

Хьэпшыпхэр хуашащ

КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам я пашэу респуб­ликэм и дохутыр гуп иджыблагъэ щы­Iащ Херсон областым и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм. Iэ­щIагъэлIхэм зрагъэлъэ­гъуащ­ Краснэ, Лазурнэ, Новониколаевкэ къуа­жэ­хэм дэт амбулаторэхэмрэ Владимировкэ жылэм дэт ФАП-мрэ. Апхуэдэу ахэр щыIащ Скадовск дэт ­район сымаджэщым, абы мы гъэм и гъатхэпэ мазэ лъандэрэ ди щIы­налъэм щыщ анестезиолог-реаниматолог гуп щолажьэ.

НэхъыфIипщIым дахохьэ

Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаем къриу­быдэу УФ-м и щIыналъэхэм я промышленнэ индексым и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхы­хьащ, нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм ар ирагъэпща нэужь. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ