Жылагъуэ

ЩIалэгъуалэр щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным трагъэгушхуэ

Банк Iуэхухэр  

«Россельхозбанк»  АО-м и IуэхущIапIэм и унафэщI Листов Борис «Бжьыхьэ дыщафэ» мэкъумэшхэкI гъэлъэгъуапIэм  щыжиIащ  2019 - 2020 гъэхэм  еджапIэ нэхъыщхьэ 54-м я студент нэхъыфIхэм папщIэ  стипендие зэрыратынур. Абыхэм ящыщщ КIэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр.  

АдыгэлI щыпкъэ

Езым и щхьэкIэ сыхуэзэ­ным куэдкIэ и пэ къихуэу и хъыбархэмкIэ сэ ар къэс­цIыхуауэ щытащ. Ар къыщыхъуари адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр къыдэгъэ­кIыныр щызэхэдубла илъэс­хэрщ. А лъэхъэнэм лъэпкъым, хэкум, адыгэ щэнхабзэм зи гуа­щIэшхуэ хэзылъхьэ ­ады­гэлI­ щыпкъэ куэд дызэ­риIэр аргуэру зэ хьэкъ тщыхъуауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу сщIынури.

БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэм и къэкIуэнур лъэпкъым дэлъытыжащ

- Хъанджэрий, лъэпкъ публицистикэм, литературэм, тхыдэм я зыужьыныгъэм хуэпщIа хэлъ­хьэныгъэ инхэм щыгъуазэщ абыхэм япыщIа дэтхэнэ зыри. Литературэм и илъэсу ягъэува 2015 гъэм ирихьэлIэу, дауэ уеплъ­рэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэта адыгэ литературэм?

«Урысейм и пашэхэр-2020» зэпеуэм хэтыну хуейуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху 470-м тхылъхэр къатащ

Псори зэхэту «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэр къызэрыхалъхьэрэ къэралым и щIыналъэ псоми, апхуэдэу дунейм и къэрал 60-м щыщхэми я тхылъу мини 150-рэ къаIэрыхьащ къэрал унафэ зыщIыфынухэр къыхэхыныр къызэзыгъэпэщахэм.

Къулъкъужын Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щогуфIыкI

Бахъсэн район администрацэм и жэрдэмкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу зыхуей хуагъазэри къызэIуахыжащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексыр.

ЗыгъэпсэхупIэр къызэIуахыж

Дзэлыкъуэкъуажэ зыхуей хуагъазэри къыщызэIуахыжащ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэу щыт «Зэныбжьэгъугъэ паркыр». Ар зыхуей хуэгъэзэным пыщIа лэжьыгъэхэр мы гъэм хагъэхьауэ щытащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ иубзыхуа программэм. Бюджетым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа ахъшэу мы Iуэхум сом мелуани 6,5-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ.

Балъкъэр Аслъэн и щIыхькIэ

Кыщпэк къуажэм и школым къыщызэIуахащ Урысейм и МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм и ГИБДД-м и ДПС-м и батальон хэхам и инспектор, полицэм и лейтенант нэхъыжь Балъкъэр Аслъэн Артур и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу. Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ абы мыпсэужу къыхуагъэфэщащ «ЛIыгъэм и орден» дамыгъэр.

ШэмпIарэ Арсен ягу ихуркъым

Шэрэдж районым и Зэрэгъыж къуажэм къыщызэIуахащ КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и ДПС-м и инспектор, полицэм и сержант нэхъыжь ШэмпIарэ Арсен Заурбий и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу. Ар и къалэн игъэзащIэу хэкIуэдащ 2013 гъэм шыщхьэуIум и 7-м.

Тутынафэкъым икIи фадафэкъым, аращ щIэкъарууфIэри

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъищым иджы илъэс ещанэ хъуауэ Урысейм пашэныгъэр щаIыгъщ гъащIэр узыншэу ехьэкIыным и лъэныкъуэкIэ. Ар къагъэлъэгъуащ «ХъыбарыщIэхэр» РИА-м иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм.

Нур лIэужьыгъуэщIэ къэзыхута адыгэлI

Фигу къэдгъэкIыжынщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм, 80 гъэхэм я пэщIэдзэм Къумахуэ Мурадин къи­хутауэ, иужькIэ игъэунэхуауэ щытащ псынщIэ дыдэу зекIуэ электронхэр кристаллым хэбу­тIыпщ­хьэмэ, нур лIэужьыгъуэщIэ къызэ­рыунэхур.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ