Жылагъуэ

ПроектыщIэ утыку къыдохьэ

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Си гуа­пэу хъыбар фызогъащIэ фокIадэм и 1-м ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Ака­демием псапэхуэщIэу щIэ­ныгъэ проектыщIэ си нэIэ щIэту утыку къызэрырихьэмкIэ.

Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр

Хэхэс адыгэхэм я Iуэху нэхъ щыдэкIыу, я бзэр нэхъ щахъумэфу къалъытэ Иорданиер. Абы куэдрэ тхутопсэлъыхь Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и сенатор, а къэралым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, нэ­гъуэщIхэри.

Бахъсэн и жыг хадэхэм мыIэрысэ къыщрахьэлIэж

Бахъсэн районым и хозяйствэхэм мыIэрысэ къыщыпачыжу хуежьащ. Ар къызэрыгуэкI жыг хадэхэми пасэу къызыпыкIэ иджырей хадэхэми щыбэгъуащ. Иджырей жыг хадэу гектар 293-м нэхъыбэу щагъэкIыр щIэупщIэшхуэ зиIэ «Гала», «Редчиф». «Джеромини» лIэужьыгъуэхэрщ.

ХьэтIохъущыкъуей къуажэм хиубыдэ щIыналъэ автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыжащ

Гъуэгум километри 5 хъу и Iыхьэр иджырей мардэхэм къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ. Абы телъар къытрахри захуэ ящIащ икIи асфальтыщIэр тIэунейрэ тралъхьэжащ. Гъуэгум а и Iыхьэм и лъэныкъуитIри иращIэкIащ, дамыгъэщIэхэр щагъэуващ.

Къуажэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Белокаменскэ къуажэм иджыблагъэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ а жылагъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъур.

Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ аргуэру зэ

 Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм иджыблагъэ щекIуэкIащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм, а Iуэхур щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм зэрыщагъэувам теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, администрацэм и управленэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэр, муниципальнэ къулыкъущIэхэр, районым хиубыдэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. ЗэIущIэм апхуэдэу щIэсащ КIуэкIуэ В. М.

Махуэшхуэм и щIыхькIэ

Адыгэхэм я махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэм.

Жыджэру хэтщ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым и щIалэ­гъуалэр дапщэщи жыджэру хэтщ «Донор ныбжьыщIэм и махуэ» дунейпсо пса­пащIэ акцэм. 2011 гъэ лъандэрэ къыхалъ­хьауэ екIуэкI а Iуэхугъуэм мы махуэ­хэм ди республикэми зыщиубгъуащ. Хуэныкъуэхэм папщIэ лъы ятыну хьэ­зы­ру ­къэуващ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм ящыщ куэд.

ЖиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэрт

Нало Заур и гуащIэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ адыгэ лъэпкъым и гъащIэм щаубыд увыпIэм и мыхьэнэм утегушхуэу утепсэлъыхьыну гугъущ. Абы и щхьэусыгъуэр лIы щэджащэм литературэми щIэныгъэми щыхузэфIэкIахэр зэрыинырщ.

Зэи тщыгъупщэнукъым

Дэтхэнэ зыри и гъащIэ гъуэгуанэм щыхуозэ цIыху куэдым: фIыхэми Iейхэми, хьэлэлхэми къузгъунхэми, нэгу зэIухахэми гукъыдэжыншэхэми, гъащIэ и пIалъэ зыщIэу абы Iущ ищIахэми псэун щIэ­зыдзэгъащIэхэми. Язы­хэзри зыгуэркIэ къытхуэ­щхьэпэщ, зэхэщIыкI диIэ­нымкIэ,  гъащIэр къыд­гурыIуэнымкIэ сэ­бэ­­пышхуэ къытхуэхъуу. Я кIэн къикIащ цIыху губзыгъэм, Iущым, пэжым, дунеймрэ гъащIэмрэ хуэнабдзэгубдзаплъэм епсэлъэну Iэмал зиIахэм. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, абы и лъэ­ныкъуэкIэ сынасы­пы­фIэу зыкъызолъытэж - цIыху цIэрыIуэ, телъыджэ куэд соцIыху.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ