Жылагъуэ

Хэхыныгъэр щекIуэкIа махуэм энергетикхэр тэмэму лэжьащ

Хэхыныгъэр щекIуэкIа фокIадэм и 8-м «Кавказ Ищхъэрэ Россети» IуэхущIапIэм и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и IэнатIэ псори зэблэу къыхэмыкIыу лэжьащ. Апхуэдэу энергетикхэм я къалэнхэр тэмэму ирахьэкIащ Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъэпIами.

А лъэхъэнэм электросетым и IуэхущIапIэхэр тэмэму лэжьэн папщIэ район псоми я IэщIагъэлIхэр я IэнатIэм пэрытащ. Зыхуэфащэ Iэмэпсымэхэмрэ техникэмкIэ къызэгъэпэщауэ цIыху 92-рэ зыхэт бригадэу 23-рэ республикэм и щIыпIэ псоми я къалэнхэр щыпэрытащ.

 

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Совет Союзым и ЛIыхъужь, генерал Кузнецов Георгий и гъащIэмрэ и къекIуэкIыкIамрэ щыгъуазэ хъуа дэтхэнэми игъэщIэгъуапэу жиIэнщ: «Мы цIыхум имыгъэунэхуауэ сыт щыIэ?!

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Адыгей  лIыхъужьхэр

Миус деж

И бжэхэр къызэIуехыж

ЩIэныгъэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и бжэхэр къахузэIуихыжащ узыншагъэр хъумэным пыщIа IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтыну щIэхъуэпс псоми. Гъэ еджэгъуэ блэкIам и кIэм колледжым щаублауэ щыта зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу икIи и чэзум зэфIэкIащ. КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, еджапIэр нэсу хуэхьэзырщ лъэхъэнэщIэм.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Илъэс тIощIрэ зым хыхьа къудейт Андырхъуей Хъусен зауэр къыщыхъея махуэм. Дзэм ираджауэ къулыкъу ищIэрт абы, 733-нэ фочауэ полкым и 2-нэ ротэм и политрук IэнатIэр къыхуагъэфэщауэ.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу Шэрджэс ЛIыхъужьхэр

Зауэр зэрекIуэкIым теухуауэ 1944 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къата хъыбархэм мыпхуэди къыхэхуат: «Онегэ, Ладогэ гуэлхэм я зэхуакум ди зауэлIхэр щебгъэрыкIуэри, Свирь псым и Iуфэм деж бийм и быдапIэр зэпатхъащ, абы хьэлэчыр халъхьащ, Iэщэ куэд къытрахащ, сэлэт, офицер мащIэкъым гъэр ящIар, къуажэхэр хуит къащIыжащ».

Хъыбар нэпцIым зыщыфхъумэ

Урысейм и Пенсэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щыгъуазэ фещI пенсэхэр, социальнэ е компенсацэ ахъшэр СНИЛС-м и номерымкIэ ирату соцсетхэмрэ смс-мессенджерхэмрэ, хэхауэ Instagram-м къралъхььэ хъыбархэр зэрымыпэжым.

Школхэр зэрыхьэзырыр щIапщытыкI

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм къапщытэ школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырыр.

Сыт щыгъуи я нэIэ тетщ

Урысей МВД-м Лэскэн районымкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу щыIащ 2009 гъэм и жэпуэгъуэм зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Лэскэн район ОВД-м и штабым и инспектор нэхъыжь милицэм и лейтенант нэхъыжь Ацкъэн Мухьэмэд и унагъуэм.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Яхэгуауэ Михаил КъуэкIыпIэ Жыжьэм къулыкъу щищIэрт. Зауэр къэхъейри, сэлэтхэр абыкIэ куэдрэ щаIыгъыжакъым. МафIэгухэм къра-гъэтIысхьэри, дыгъэ къухьэпIэмкIэ къыдрашеижащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ