Жылагъуэ

Темыркъан Юрий: «Сызэрыадыгэм сызэрыригушхуэр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ!»

Темыркъан Хьэту и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м хэт цIыху зэIущIапIэ пэшышхуэм еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ иджыблагъэ щрагъэблэгъащ дызэрыгушхуэ ди хэкуэгъу, СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, литературэ, гъуазджэ унэтIыныгъэхэмкIэ Урысейм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Санкт-Петербург щIыхь зиIэ и цIыху, а къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние ор

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

СЫТКIИ  ЩАПХЪЭ

Дохутырхэм я зэфIэкI

Узыншагъэ

Илъэс 22-рэ зи ныбжь щIалэм дохутырхэм захуигъэзащ и бгъэгур къеузу, хьэлъэу бауэу, псчэуэ, и гур псынщIэу къеуэу зэрыщытымкIэ тхьэусыхафэхэр иIэу.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

 

Зы илъэс закъуэ

Сэ сы-«Къэбэрдейщ», бийм собгъэрыкIуэ

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу

Ди къэралышхуэм щызэлъащIысащ Совет Союзым и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ Къардэн Къубатий Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм батэр игъэшу бийм зэрезэуам теухуа хъыбархэр. А хъыбархэр щадж еджапIэхэм, абыхэм щIагъэдэIу къулыкъу зыщIэну дзэм ираджэ ныбжьыщIэхэр.

Медицинэ IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп

Узыншагъэ

Лъэпкъзэлъыгъуазэр махуэ ирехъу!

Псэр мэпIейтей иджыри, гур мэпхъэр. ГукъэкIыжхэм хожабзэри, махуэхэр нэщхъыфIэу щIепщытыкIыж, гъуэгуанэ махуэ зыщIэкIа лъэри щIым хуиту толъэт.

Къурмэныр къызэрежьар

Муслъымэным и фарзхэм (Iэмал имыIэу ­игъэзэщIэн хуейхэм) ящыщщ къурмэн укIыныр. Ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэр къызэралэжь, Тхьэм пэгъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ икIи мы гъэм тохуэ шыщхьэIум и 11-13 махуэхэм. Дауэ атIэ Къурмэныр къызэрежьар икIи сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар?

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Rainforest Challenge Russia Caucasus» дунейпсо зэпеуэр

ШыщхьэуIум и 1 - 3-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Rainforest Challenge Russia Caucasus» дунейпсо зэпеуэм хыхьэ Iыхьэр. А зэпеуэр къалъытэ автоспортым хыхьэ зэхьэзэхуэхэу дуней псом щынэхъ гугъу дыдэхэм икIи къуакIэбгыкIэхэм, мэз Iувхэм автомобилхэмкIэ къыщызэдэжэнымкIэ дунейпсо чемпионатым хуагъадэ.

«Iуащхьэмахуэ и уэрдыхъу-2019» зэпеуэм хэтынухэм загъэхьэзыр

Терскол дэт центрым къыщызэхуэса командэхэм зэхьэзэхуэм и Iыхьэ щхьэхуэхэм дызэрыпэлъэщынум зыхуагъэхьэзыр. Абы къыдэкIуэу «АРМИ-2019» къуршыщхьэ зэпеуэм хэтынухэм Iэмал ягъуэтащ блэкIа зэхьэзэхуэхэм хэтахэм яIэщIэкIа щыуагъэ нэхъыщхьэхэм мультимедие форматым иту щыгъуазэ зыхуащIыну. Конкурсым и Iыхьэ щхьэхуэхэм траха сурэтхэмрэ видеофильмхэмрэ наIуэу къагъэлъагъуэ дзэм и спортсменхэм яIэщIэкIа щыуагъэхэри, абыхэм я ехъулIэныгъэхэри.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ