Абы дегъэпIейтей

Ахъубэ иризэдауэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ Абиширэ-Ахубэ лъагапIэр къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ, Лабэшхуэ и тIуащIащхьэм къыщхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэмкIэ «къыщына» Джэмэрыкъуэ (Джэмарыкъу - лощина Джемару) щыгум (метр 3180-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ. Иужьрейм къэрэшейхэм, кIуэ ар къызыхахыр уэ къащIэ, «Джемараклы-Тебе» фIащащ.

ЛIэужьыгъуэ куэдыр фIагъым и шэсыпIэкъым

ЩIакхъуэ гъэжьэкIэм езым и щэху иIэжу игъащIэм къокIуэкI. Къуажэдэс унагъуэхэр къащти, хэти пщагъэр, хэти гъэшыр къагъэсэбэпырт. Псом ящхьэращи, щIакхъуэм хуэдэу гулъытэ ин зыхуащI ерыскъыхэкIхэм яхэтакъым. 
Налшык ПащIэмрэ Лермонтовымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм тет ерыскъыщапIэхэм ящыщ зым щIэт цIыхубзымрэ щIакхъуэр къэзышэ щIалэмрэ яку къыдэхъуа псалъэмакъым срихьэлIащ.
- Мис, дыгъуасэ къэпшар мыхъеяуэ телъщ. Нобэрейр дауэ къызэрыпIысхынур? - телъхьэпIэмкIэ и Iэр ишиящ тыкуэнтетым.

Анэдэлъхубзэ зыщIэ диIэжыну?

Адыгэхэр - къэбэрдейхэр, ша¬псыгъхэр, шэрджэсхэр - зы лъэп¬къщ, тIурылъыр зы бзэщ, тыншу дызэгуроIуэ. Адыгэ псоми ди лъэпкъым и напэр тхъумэн хуейщ, ди хъугъуэфIыгъуэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэн папщIэ. 

ЖьэрыIуатэбзэм и къарур щIокI

ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.

Къалэмрэ псэущхьэхэмрэ

Къалэм хуиту дэт хьэхэмрэ цIыхухэмрэ хуэмурэ зэсэжащ жыпIэнщ, зэбгрыукIуриикIауэ жыг щIагъхэм, газонхэм, лъэс зекIуапIэхэм, псы хуабэ зрикIуэ бжьамийхэм ящхьэщыт люкхэм щыжей хьэ гупхэр щыплъагъукIэ. Абыхэм яхэтщ волонтерхэм я нэIэм зэрыщIэтыр наIуэу, «бирка» цIыкIухэр зи тхьэкIумэм илъхэри. Псом нэхъ гъэщIэгъуэнщ абыхэм гъуэгу зэпрыкIыпIэм уащыкIэлъыплъыныр; светофорхэм зэрынэсу къоувыIэри щытщ, цIыху гъусэ къахуэхъуным пэплъэу. Удзыфэр зэрыпынэххэу Iэдэбу цIыхухэм яхоувэри зэпрокI. Ахэм я ныби ныкъуэкъым. КIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэм щхьэхуэу щагъэув ерыскъыхэкIхэм къуэлIыкIынукъым.

ЩIэблэр наркотикым щахъумэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм. 

Ноби яхузэхэгъэкIкъым

Зеикъуэ къуажэм пэгъунэгъу лъагапIэхэм къыщагъуэта бгъуэнщIагъ нэхъ иным къыбгъэдэт Iуащхьэхэм ящыщ зыр пирамидэ IэрыщIым зэрещхьым гу лъатауэ щытащ а жылэм щыщ щIалэхэм. Ахэр Тенджыз Азэмэт, Соблырхэ Арсен, Алим сымэщ.
А щым къыздакIухьым, гу лъатат Бахъсэн хэхуэж Зеикъуэпс цIыкIуу мэз Iувым щIигъэнар къыщыщIидзэхэм деж пэгъунэгъуу щыт Iуащхьэм и къыгуэупIэхэр хуомыгъэфэщэн хуэдизу зэрыджафэм. Ар мывэ пхъэбгъум хуэдэу зэрызахуэр нэхъри нэрылъагъу хъуащ, абыхэм якIэрыпщIа щIыр къыкIэрагъэщэща иужь.

ЛIыгъэр гущIэгъум и бийкъым

Кавказым ущыщу, уи гум зэпхимыдзынкIэ Iэмал иIэтэкъым Башкортостаным и телевиденэм илъэс блэкIам и кIэм щекIуэкIа псалъэмакъыр. Зи гугъу тщIыр цIыхубэм я гукъеуэхэр жригъэIэну, эфир занщIэ езыгъэкIуэкIа депутат Ишмухаметов Рустам зыкъыхуэзыгъэза бзылъхугъэм Кавказым щыщхэм къытхужиIахэрщ.

Узыр къэзыутIыпщар Китаймрэ Америкэмрэщ

 «Ухань щекIуэкIам теухуа пэжыр» - ар и фIэщыгъэу Америкэм щыщ щIэныгъэлI Хафф Эндрю тхылъ къыдигъэкIащ. Дохутырым США-м и тетыгъуэр егъэкъуаншэ ковид уз зэрыцIалэр дунейм къызэрытриутIыпщхьамкIэ.

Биотехниер псэущхьэхэм я щIэгъэкъуэнщ

ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэу, ди республикэм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэ дэгухэм Тхылъ Плъыжьым иратха псэущхьэ лъэпкъыгъуэу 70-м щIигъу мы лъэхъэнэм щопсэу.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей