ЩIалэгъуэ

ПСЫШХУЭР СИ ГЪУАЗЭУ

Си цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ сыщIэхъуэпсырт «адыгейкIэ» зэджэхэр (кIахэ адыгэхэр) зищIысыр зэзгъэщIэным, ящыщ гуэрхэм нэIуасэ схуэхъуным, щыпсэу щIыпIэхэм зыщысплъыхьыным. СощIэж, «щIалэ цIынэ» зыхужаIэ ныбжьым ситу, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ къит нэтынхэм, «тедымаи мыр» къысхужаIэу, седаIуэу зэрыщытари. А лъэхъэнэрщ кIахэ псэлъэкIэр дыдейм къызэрыщхьэщыкIым япэу гу щылъыстари, а бзэмкIэ кърагъэт уэрэдхэм, згъэщIагъуэу, едэIуэн щыщIэздзауэ щытари. 

Гугъэри гъуазэщ

Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэт щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген дамыгъэ (сигнал) къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ, Парус (Жьыхь) зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ къаплъыхьащ.

Къуэшыркъуей хъыджэбзыр и гъэсэныгъэкIэ къахощ

Мы тхыгъэр зытеухуар Адыгэ Республикэм щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» фестиваль-зэпеуэм «Пщащэ гъэса» щIыхьыцIэр къыщызыхьа ЖьэкIэмыхъу Даринэщ. Гуапэщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) къуажэм къыдэкIа хъыджэбзыр и гъэсэныгъэкIэ абы къызэрыщыхэжаныкIар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэр Адыгэ Республикэм ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым къызэригъэпэщащ, ЩэнхабзэмкIэ министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Зэхыхьэ дахэр ящыщщ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэху дахэхэм.

Театр гъуазджэм хуэлажьэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ театрхэм я «Ипщэ утыку-I00» VI дунейпсо фестивалым «ЦIыхубз роль нэхъыфI» щIыхьыцIэр зыхуигъэфэща Гуэщокъуэ Регинэ театр гъуазджэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэм ящыщщ.

Мдзы хыжьейм дыхуеIэу

Ди тхыгъэхэм ящыщ зым къызэрыщыхэдгъэщащи, адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ тхыдэм аддэ жыжьэу къыщежьэ я къуэпсыжьхэмкIэ зэрызэблагъэр гурэ псэкIэ къозыгъащIэ хуэмэбжьымэхэр зэрыщыIэм шэч къытезымыхьэжхэр мащIэкъым.

ЛъэпкъыжьитIым къызэранэкIа тхыдэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэмрэ щыгъуазэ захуэтщI къудейкIи зэрызэфIэмыкIынур нэрылъагъущ. Абы къыдэкIуэу, «Псэм и лъахэ» («Апсны» - абхъазыбзэкIэ) цIэр зыгъэщыпкъэ щIыналъэм щыпсэухэм я псэкупсэр зыхозыгъащIэ нэщэнэхэм гу ялъыттэныр а псом нэхърэ нэхъыщхьэжу къыщIэкIынкIэ зэрыхъунури узыгъэгупсысэщ.

Малъхъэдис гъуэжькуийхэм яхэсыхьми

Астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, ди Дыгъэм ирагъэщхьу нэхъ къытпэгъунэгъу дыдэр плъыжь цIыкIужьей зыфIащахэм хабжэ Проксимэ Центаврэ вагъуэ жьэражьэрщ. Ар ди Дыгъэм нэхърэ хуэди 8-кIэ нэхъ цIыкIущ, илъэси 4-м къриубыдэу нэхум зэрызидз жыжьагъ хуэдизкIи тпэIэщIэщ.

Сэралъп Ликэ и зэфIэкI

Иджыблагъэ Урысейм и Къэрал академическэ Театр Иным щекIуэкIа «ArtMasters-2022» Лъэпкъ чемпионатым и кIэух концертыр Япэ каналым къитащ. Сценэр зэрагъэщIэрэщIари, концертым макъхэр зэрыщагъэIуари, уэздыгъэри, артистхэм я фэилъхьэгъуэхэри зэпеуэм хэтхэрщ зыгъэхьэзырар. Пшыхьыр гукъинэжу къызэрагъэпэщащ икIи «Фэилъхьэгъуэхэм я художник» унэтIыныгъэм щытекIуащ ди лъэпкъэгъу Сэралъп Ликэ.

СурэтыщI Iэзэхэм я лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм «ЦIыхур, щIыуэпсыр, хьэршыр» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. 

Бгым узэрыдэкIым хуэдэщ

Фэилъхьэгъуэхэр, цIыхубзхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр къэзыгупсысхэм хуэдэ дыдэу, ди зэманым щIэупщIэшхуэ яIэщ пэшкIуэцIхэр зыгъэдахэхэми. 

Мыщхьэх дахащIэщ

  Iэхъуэбэч Бэллэ КъБКъУ-м юриспруденцэмкIэ и факультетыр къиухащ. Ар Урысей зэкъуэт партым и «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ Советым хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм и депутат Бечеловэ Людмилэ и дэIэпыкъуэгъущ.

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ