ЩIалэгъуэ

КъэкIуэнур зейхэм ящыщщ

 Инджылызым и Манчестер къалэм и университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэригъэгъуэту а къэралым  лэжьэн щыщIэзыдза адыгэ пщащэ ФиIэпщэ Аидэ нобэ ди псэлъэгъущ.

ЕпцIыжакIуэхэр

ГъащIэ теплъэгъуэ

Гъэмрэ щIымрэ я зэхэкIыгъуэт. Махуэ зыбжанэ хъуауэ, гъэр къигъэпасэу, уэфI дахэт. Ноби апхуэдэт. Пщэдджыжь шей ефэгъуэр фIэмыкIами, гъатхэ дыгъэр щIыфэм къедэхащIэрт. Бэч къэблэмэмкIэ маплъэ. Уафэм щIэгъэкъуа уэсылъэ бгыжьхэм бзийхэр гуапэу тоджэгухь, мылылъэ ткIужхэр щIыпIэ куэдым щызэхыхьэжурэ Iэуэлъауэу къеукIуриех-кърилъэсэххэм Урыхужь ягъэутхъуэ. КъибыргъукIыу къех псым и шхыдэ макъым щIэдэIуурэ, къызыдэкIа къуажэжьыр Бэч и гум къыпедзэ.

ГъуазэрыплъкIэ декIуэтэхыжащ

Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ дызэхэзекIуэу, хы ФIыцIэ Iуфэм дыхуэзышэ гъуэгум дытетщ си адэ шыпхъум и къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ.

         Щхьэгуащэ псышхуэм и тIуащIэ абрагъуэм удэту дэбгъэзеяуэ ущыдэкIуейкIэ, Рыфыбг псыкъелъэхэм уахуэзышэ лъэсырызекIуэ лъэмыжым зы щIыпIэ гуэрым деж ущыхуозэ. Абы километритI нэблагъэ узэрыфIэкIыу, гъуэгум ику дыдэм телъу зы мывэжь урохьэлIэ. Абы цIэ зыбжанэ иIэщ. Псалъэм папщIэ, «Казачий», «Черкесский», «Девичий» жыхуиIэхэр. Адыгэхэр къыр гуэудахуэ абрагъуэм «ДжэгупIэжькIэ» йоджэ.

Адыгэ пщащэм и зэфIэкI лъагэр

Мы махуэхэм ди къэралым и щIыналъэхэм щокIуэкI щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэгъуалэм абы щы­хьэт техъуэ тхылъхэр (дипломхэр) щратыж гуфIэгъуэ зэIущIэхэр. 

Астероидым и махуэ

Мэкъуауэгъуэм и 30-р Астероидым и дунейпсо махуэщ (Asteroid Day). АбыкIэ унафэ къыщащтащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэу 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м иригъэкIуэкIам.

Астероидым и махуэр хуэгъэзащ хьэршым къилъэтыкIа пкъыгъуэ абрагъуэхэр дыщыпсэу ЩIым гъунэгъу къыщыхуэхъукIэ, абы къыхэкIыуи къыщыжьэхэуэкIэ, а Iуэхугъуэхэм мыхъумыщIагъэу къашэнкIэ хъунур зыхуэдизым жылагъуэр щыгъуазэ щIыным.

Лабэрэ Щхьэгуащэрэ

 Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ къэзыкIухьын зыфIэфIхэм я гуп къызэбгъэпэщын ипэ, уэ езым зыбжанэрэ апхуэдэ гъуэгуанэ къэпкIуауэ, а Iуэхуми цIыху гуэрхэр дебгъэхьэхауэ щытын хуейщ.

Щхьэгуащэрэ КIыщейрэ

Адыгейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуэладжэхэм, бгыхэм, псыхъуэхэм зыщытплъыхьыну тфIэфIщ ди гуп цIыкIум.

Iулъхьэ

Университетым щIэтIысхьэнухэм экзамен ятырт. ПщIантIэм щызэхэт цIыху Iувым нэхъ пыIудзауэ лIы гуп уэршэрырт. Дауи, абыхэм я псалъэмакъри зытеухуар а зыхэплъэ экзамен Iуэхур арагъэнт.

Фи насып текIуэну!

КъБР-м и Iэтащхьэр  курыт школыр къэ­зыуххэм гуапэу ехъуэхъуащ.

Абы лъандэрэ селъэIужыркъым…

Къэхъуа

Си шынэхъыжь Мухьэрбий, дэнэ мыкIуэми, зэи сыздишэртэкъым. «Уэ иджыри уцIыкIущ, кIуэжи пщIантIэм дэс», - жиIэрти сыкърихужьэжырт. «НтIэ, сэ апхуэдэу сыцIыкIу, - жысIэрт сигукIэ. – Илъэс пщыкIутI сыхъуркъэ! И гугъэм, уэлэхьи, езыр лIы хьэзыру! ИлъэсиплI къудейкъэ сэ нэхърэ зэрынэхъыжьыр? НтIэ ар куэд?»

Страницы

Подписка на RSS - ЩIалэгъуэ